6 ЦӀыху гуэрым и псэм сыт щыгъуи сыщыщ мыхъумэ, къудамэм хуэдэу ар хыфӀадзэжынурэ, гъужынущ. Апхуэдэ къудамэхэр зэхуахьэсынурэ, мафӀэм пэрадзэнурэ ягъэсынущ.
ФӀы къызыпымыкӀэ дэтхэнэ зы жыгри ираупщӀыкӀыжынурэ, мафӀэм пэрадзэнущ.
Си къудамэхэм ящыщу зыри къызыпымыкӀэр пеупщӀ абы; къызыпыкӀэ къудамэ дэтхэнэри еухъуэнщӀ, нэхъыбэ къыпыкӀэн щхьэкӀэ.
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и мелыӀычхэр игъэкӀуэнурэ, удз ежьужьыр гъавэм къызэрыхачым хуэдэу, цӀыхухэм гуэныхь езыгъащӀэ цӀыхухэри, бзаджагъэ зыщӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэри Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀагъэкъэбзыкӀынущ.
Джыдэр жыг лъабжьэхэм трашэщӀакӀэщ. Аращи фӀыгъуэ къызыпымыкӀ дэтхэнэ жыгри къраупщӀыкӀыжынурэ, мафӀэм пэрадзэнущ.
А цӀыхухэм ди Зиусхьэну икӀи дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь зэрацӀыхуамкӀэ дунейм и бзаджагъэ фӀейм пэӀэщэ защӀауэ, ауэ итӀанэ бзаджагъэм зрагъэубыдыжмэ, ар зытрагъэкӀуэжурэ, икӀэм-икӀэжым абыхэм я Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу.
ауэ хьэкум шынагъуэу Тхьэм къыттрищӀыхьынумрэ Тхьэм пэувхэр зыхисхьэну мафӀэшхуэмрэ къытпоплъэ.
МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым зи цӀэхэр ирамыгъуэта цӀыхухэр мафӀэм ис хым хадзащ.
А цӀыхухэр дэ къытхэкӀащ, ауэ дэ тщыщакъым. Дэ тщыщу щытамэ, ахэр ди деж къэнэнут. Ауэ дэ тхэкӀащ, абыхэм ящыщ зыри дэ зэрытщымыщыр нахуэ хъуащ а щӀыкӀэмкӀэ.
Абыхэм я бийхэр псынщӀэу къезгъэувэлӀэнти, абыхэм къапэувхэм си Ӏэ яхуэзгъэзэнт.
Ар щызэхихым, Иудэ, дыжьын ахъшэхэр Тхьэм и унэшхуэм щыхыфӀипхъэри, къыщӀэкӀыжащ. ИтӀанэ кӀуэри зитхьэлэжащ.
Ауэ къэрабгъэхэми, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэми, зызыгъэуфӀеяхэми, лӀыукӀхэми, зинэ зыщӀэхэми, удыгъэм хэтхэми, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэми, пцӀыупсхэми я Ӏыхьэр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ ис хыр арщ. Ар етӀуанэ лӀэныгъэрщ.