25 Апхуэдэу щӀэхъун хуейр мы псалъэу абыхэм я Торэт хабзэм итхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Сэ лажьэ симыӀэу щытми, сыкъалъагъу мыхъу хъуащ».
Уи бийхэм ущезауэ махуэм езыхэм яфӀэигъуэу, уи цӀыхухэр Уэ къыбдеӀэну хьэзырщ. Нэхущым и пэ къихуэу, уэсэпсыр къызэрехым хуэдэу, уи ныбжьыщӀэгъу къыпхуэкӀуэнщ.
«Дэгъуэщ! Дэгъуэщ!» къызжаӀэурэ къысщыдышхыхэр я напэ текӀауэ зэщӀрекӀуэж.
– Сыщывигъусам нывжесӀауэ щытар мыращ: Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэми, адрей бегъымбархэм я тхылъхэми, Сабурми сэ къыстеухуауэ ит псори къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ, – къажриӀащ Хьисэ абыхэм.
И пщӀэр къыфӀызмыхыу, Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр фхуэсӀуатэурэ, фызгъэинын щхьэкӀэ, зызэрызгъэлъахъшэмкӀэ емыкӀу сщӀа?
– Ӏуэхур зэфӀэкӀащ, – къызжиӀащ итӀанэ. – Алфэри Омегэри, ублапӀэри ухыпӀэри сэращ. Псы хуэлӀэр гъащӀэ къэзыт псынэм и псым щыщ езгъэфэнущ пщӀэ щӀимыту.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми нысащӀэми жаӀэ: «КъакӀуэ!» Ар зэхэзыхми жреӀэ: «КъакӀуэ!» Хэтми, псы хуэлӀэр кърекӀуэ. Хэт хуейми, цӀыхухэм гъащӀэ къезыт псым пщӀэ щӀимыту ирефэ.
ЗыдгъэхьэщӀэурэ, зыми и щӀакхъуэ бзыгъэ фӀэтшхакъым. АтӀэ гугъу зедгъэхьурэ, хуабжьу дылажьэурэ, фэ фщыщ зыми хьэлъэ дытемыхъуэн щхьэкӀэ, жэщи махуи лэжьыгъэм дыпэрытащ.
Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм сыхуэмейуэ щыткъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэ цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу илъытатэмэ, абы щыгъуэ Мэссихь пщӀэншэу лӀауэ хъунт.
Мэссихь Хьисэ абыхэм я щхьэхэр зэрищэхужам щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ пщӀэ ямыту щыпкъагъэ яӀэу елъытэ.
Торэт хабзэм къыжиӀэр Торэт хабзэм тет цӀыхухэм зэражриӀэр дощӀэ. Апхуэдэу цӀыху псоми я жьэр яригъэубыда хъуащ икӀи дунейм тет цӀыху псори Тхьэм дежкӀэ къуаншэу къыщӀэкӀащ,
– Фэ фи Торэт хабзэм иткъэ Тхьэм мыпхуэдэу зэрыжиӀар: «Сэ жысӀащ фэ тхьэуэ фызэрыщытыр?» – яжриӀэжащ Хьисэ абыхэм. – Тхьэм и псалъэ тхахэри къута хъунукъым.
Зиусхьэн, си Тхьэ! Зыгуэр сӀэщӀэщӀамэ, си Ӏэхэм ящӀэм захуагъэ хэмылъмэ,
Мы Ӏуэху псори апхуэдэу щӀэхъуар Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Абы и къупщхьэхэм ящыщ зыри зэпыудынукъым».
Сымаджэхэр вгъэхъуж, лӀахэри къэвгъэтэджыж, уэшын уз зэфыкӀхэми а узыр ящхьэщыфх, жин бзаджэхэри цӀыхухэм яхэфхуж. Абы фэ пщӀэ щӀэфтакъым, фэри пщӀэ къеӀывмых.
– Ауэ фэ псоми фтеухуакъым сэ жысӀэр. Сэ къыхэсхар сощӀэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр, пэж хъун хуейщ: «Си щӀакхъуэр зышхам и лъэдакъэр къысхуигъэзэжри, бий къысхуэхъуащ».