23 Сэ сыкъэзылъагъу мыхъум си Адэри илъагъу хъуркъым.
Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм епцӀыжьауэ, абыхэм текӀ дэтхэнэми и псэм Тхьэр хэлъкъым, ауэ Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм сыт щыгъуи тет цӀыхум и псэм Адэ лъапӀэри Къуэ лъапӀэри хэлъщ.
Къуэ лъапӀэр зымыдэм и псэм Адэ лъапӀэри хэлъкъым. Къуэ лъапӀэр зыдэм и псэм Адэ лъапӀэри хэлъщ.
Сэ сыкъакӀуэу, си псалъэхэр яжезмыӀауэ щытатэмэ, гуэныхь яӀэнутэкъым, ауэ иджы гуэныхьу ящӀахэм щхьэкӀэ щхьэусыгъуэ зыри яӀэкъым.
НэгъуэщӀ зыми имылэжьа Ӏуэхушхуэхэр абыхэм я пащхьэм сэ щызмылэжьатэмэ, абыхэм гуэныхь яӀэнутэкъым. Ауэ а злэжьа Ӏуэхушхуэхэр ялъэгъуа пэтми, сэри си Адэри дыкъалъагъу мыхъу хъуащ.