13 Езым и ныбжьэгъухэм папщӀэ зи псэр зыт цӀыхум и фӀылъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ фӀылъагъуныгъэшхуэ щыӀэкъым.
– МэлыхъуэфӀыр сэращ. МэлыхъуэфӀым и псэр мэлхэм папщӀэ ет.
Мэссихь фӀыуэ дилъагъуу, мэ ӀэфӀ зыпих саугъэту икӀи Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэу дэр щхьэкӀэ и псэр зэритам хуэдэу, фи гум фӀылъагъуныгъэ илъу фыпсэу.
– Сэ нывжызоӀэ, си ныбжьэгъухэм, Ӏэпкълъэпкъыр ягъэкӀуэдын фӀэкӀ, нэгъуэщӀ зыри зыхузэфӀэмыкӀыжынухэм фащымышынэ.
Сэ абыхэм я хьэтыркӀэ уэ зыныузот, абыхэми пэжу зыкъыуата хъун щхьэкӀэ.
ФӀылъагъуныгъэр зыхуэдэр дэзыгъащӀэр мыращ: Хьисэ Мэссихь и псэр тхуитащ. Дэри ди псэр ди къуэшхэм папщӀэ ттын хуейщ.