Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 14:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 – Мыпхуэдизрэ сывигъусауэ иджыри къэс сыкъыумыцӀыхуауэ ара, Филипп? – жриӀащ абы Хьисэ. – Сэ сыкъэзылъэгъуам Адэ лъапӀэри илъэгъуащ. «Адэ лъапӀэр дыгъэлъагъу» дауэ къызжепӀэфрэ итӀани?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 14:9
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Мэссихь цӀыхухэм ямылъагъу Тхьэм и теплъэр иӀэщ. Аращ Тхьэм къигъэщӀа псоми я щыгум итэу, и КъуэкӀэ зэджэр.


Сэ сызылъагъум сэ сыкъэзыгъэкӀуари елъагъу.


Сэ сыфцӀыхумэ, си Адэри фоцӀыху. Си Адэр джы щыщӀэдзауэ фоцӀыху икӀи флъэгъуащ.


Тхьэм и щӀыхьышхуэм и нэхур и Къуэм къыбгъэдэкӀыу къыттопсэ; и Къуэм и щытыкӀэр Тхьэм и щытыкӀэм хуэдабзэщ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ и псалъэмкӀэ щыӀэ псори щегъэӀэ; абы и Къуэм цӀыхухэм ягухэм гуэныхьхэр зэрыригъэкъэбзыкӀыжын гъуэгу къахуигъэпсащ, уафэми дэкӀуеижри, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.


Адэ лъапӀэмрэ сэрэ дызщ.


А Псалъэр цӀыху хъуащ, икӀи къытхэтащ. Абы и щӀыхьышхуэри тлъэгъуащ. Ар Адэ лъапӀэм и Къуэ закъуэм и щӀыхьышхуэр арщ. НэфӀ щыхуэныгъэрэ щыпкъагъэрэ абы игу илъу щытащ.


Тхьэм и хьэл-щэныр Мэссихь Хьисэ хэлъа пэтми, Тхьэм зэрыхуэдэм и фӀагъ езым и щхьэм къригъэкӀыжыну и ужь итакъым.


Адэр си псэм зэрыщыщри, фэри си псэм фызэрыщыщри, сэри фи псэм сызэрыщыщри а махуэм къэфщӀэнущ.


– Еууей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ иджырей цӀыхухэ! – яжриӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын хуей? Сыт хуэдизрэ фысшэчын хуей? Къысхуэфшэ а щӀалэр.


Фэ, бзитӀщхьитӀхэ! ЩӀылъэмрэ уафэмрэ я теплъэм къикӀыр къывгуроӀэ, мы зэманым и нэщэнэхэм къикӀыр къыщӀывгурымыӀуэр сыт?


Тхьэм Мэссихь лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжам и хъыбарыр цӀыхухэм яхуэтӀуатэ пэтми, фэ фщыщу цӀыху гуэрхэм, «ЛӀахэр къызэрытэджыжынур пэжкъым», жаӀэу, дауэ жаӀэн ялъэкӀрэ?


УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Бзэпсий зэрылъ пшынэкӀэ дежьууэ. Даут и уэрэд


Арати, Абимэлэх Исхьэкъ къриджэри, жиӀащ: – Ар уи фызщ; атӀэ уэ дауэ жыпӀа: «Ар си шыпхъущ» жыпӀэу? – Сэ сегупсысащ: сытемыкӀуэдакӀэщэрэт сэ абы, – жриӀащ Исхьэкъ абы.


ИтӀанэ къеупщӀащ: – Дэнэ щыӀэ уи Адэр? – Сэри си Адэри фэ дыкъэфцӀыхуркъым, – жэуап итыжащ Хьисэ. – Сэ сыкъэфцӀыхуу щытатэмэ, си Адэри фцӀыхунт.


Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ