Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 14:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 14:6
57 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– ЦӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр Хьисэ и закъуэщ. Абы и цӀэм нэмыщӀ, дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыфын Тхьэм уафэм и щӀагъым щӀэт цӀыхухэм иритауэ зыри щыӀэкъым.


Бжэр сэращ. А бжэмкӀэ щӀыхьэр мыкӀуэду къелынущ, щӀыхьэнущ икӀи къыщӀэкӀыжынущ, хъупӀи игъуэтынущ.


Мэссихь илэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ, а зы Псэ ЛъапӀэр ди псэм хэлъурэ, тӀури Адэ лъапӀэм и гъунэгъу дыхъун тлъэкӀынущ дэ.


МыкӀуэдыжын гъащӀэ хэлъащ а Псалъэм, а гъащӀэри цӀыхухэм нэху яхуэхъуащ.


Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.


А Псалъэр цӀыху хъуащ, икӀи къытхэтащ. Абы и щӀыхьышхуэри тлъэгъуащ. Ар Адэ лъапӀэм и Къуэ закъуэм и щӀыхьышхуэр арщ. НэфӀ щыхуэныгъэрэ щыпкъагъэрэ абы игу илъу щытащ.


Торэт хабзэр Тхьэм и унафэкӀэ къытхуэзыгъэнар Мусэ бегъымбарыр арщ, ауэ нэфӀ щыхуэныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ къызыбгъэдэкӀар Хьисэ Мэссихьыр арщ.


Тхьэм пэгъунэгъу хъуну Хьисэ зылъигъэкӀ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын сыт щыгъуи хузэфӀокӀ абы щхьэкӀэ. Хьисэ а цӀыхухэм Тхьэм яхуелъэӀуну игъащӀэкӀэ псэунущи.


Абы щыгъуэ щыпкъагъэр къэфщӀэнущ, щыпкъагъэми щхьэхуит фищӀыжынущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Тхьэм дыбгъэдишэн щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэм папщӀэ гугъуехь зэ ишэчащ, абыхэм папщӀэ афӀэкӀа имышэчыжыну. Щыпкъагъэ игу илъу, щыпкъагъэ зигу имылъхэм щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ абы. ЦӀыхухэм щалӀым, лӀэн хуей цӀыхут ар. Тхьэм ар лӀахэм къащыхигъэтэджыкӀыжым, мылӀэжын щыт псэуэ щытт.


Адэ лъапӀэм лӀахэр къызэригъэтэджыжым икӀи къызэригъэпсэужым хуэдэу, абы и Къуэми езыр зыхуей цӀыхухэр къегъэпсэуж.


Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм епцӀыжьауэ, абыхэм текӀ дэтхэнэми и псэм Тхьэр хэлъкъым, ауэ Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм сыт щыгъуи тет цӀыхум и псэм Адэ лъапӀэри Къуэ лъапӀэри хэлъщ.


МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым зи цӀэхэр ирамыгъуэта цӀыхухэр мафӀэм ис хым хадзащ.


– Жызумыпкъ пэжыр сэращ, жызумгъэкӀри си Адэращ.


– Псори си Адэм къысӀэщӀилъхьащ. Къуэ лъапӀэр зыхуэдэр Адэ лъапӀэм фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэр зыхуэдэри Къуэ лъапӀэмрэ Къуэ лъапӀэм ар зригъэщӀэну хуей цӀыхухэмрэ фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым.


ЦӀыхухэм гъащӀэ езыт щӀакхъуэу уафэм къехар сэращ. Мы щӀакхъуэм щыщ зышхыр игъащӀэкӀэ псэунущ. Дунейм и цӀыхухэм гъащӀэ яӀэ сщӀын щхьэкӀэ, стыну щӀакхъуэр си пкъыр арщ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми нысащӀэми жаӀэ: «КъакӀуэ!» Ар зэхэзыхми жреӀэ: «КъакӀуэ!» Хэтми, псы хуэлӀэр кърекӀуэ. Хэт хуейми, цӀыхухэм гъащӀэ къезыт псым пщӀэ щӀимыту ирефэ.


Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ си псалъэхэр зыгъэзащӀэм лӀэныгъэр игъащӀэкӀэ илъагъунукъым.


Къуэ лъапӀэр зымыдэм и псэм Адэ лъапӀэри хэлъкъым. Къуэ лъапӀэр зыдэм и псэм Адэ лъапӀэри хэлъщ.


Абыхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ язот, игъащӀэкӀэ кӀуэдыжынукъым. Ахэр зыми сӀэщӀихын хузэфӀэкӀынукъым.


– АтӀэ упащтыхь? – еупщӀащ Пилат Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэу, сэ сыпащтыхьщ, – жиӀащ Хьисэ. – Пэжщ, сэ сыкъыщӀэхъуари мы дунейм сыкъыщӀытехьари щыпкъагъэм щыхьэт сытехъуэн щхьэкӀэщ. Щыпкъагъэм и ужь ит дэтхэнэри си макъым къедэӀуэнущ.


уафэм къехыу, дунейм и цӀыхухэм гъащӀэ езытыращ Тхьэм и щӀакхъуэр.


ТӀэкӀу дэкӀмэ, дунейм и цӀыхухэм салъагъужынукъым, ауэ фэ сыфлъагъунущ, сэ сопсэу, фэри фыпсэунущи.


ГъащӀэ щыпкъэ къызыбгъэдэкӀ Адэ лъапӀэм сыкъыфхуигъэкӀуащи, си гъащӀэр абы къызэрыбгъэдэкӀым хуэдэу, си пкъыр зышхым и гъащӀэри сэ къызбгъэдэкӀынущ.


Зиусхьэным гъунэгъу зыхуэфщӀ. Аращ псэ зыпыт мывэу цӀыхухэм зрамыпэсу хыфӀадзэжар, ауэ Тхьэм ар къыхихащ, езым дежкӀэ абы уасэшхуэ иӀэщ.


Арати, Хьисэ аргуэру жиӀащ: – Пэж дыдэр вжызоӀэ, чэтым и бжэр сэращ.


Мэссихьщ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэну гъуэгу къытхузэӀузыхар. Тхьэм и нэфӀыр къытлъигъэс зэпытщ, езым и щӀыхьышхуэмкӀи къытлъысыну Ӏыхьэм дыщыгугъыурэ дызэрыпэплъэм щхьэкӀэ догуфӀэ.


Ди гъащӀэ пэжу щыт Мэссихь къыщылъагъуэкӀэ, фэри абы фригъусэу щӀыхьышхуэ фиӀэу фыкъэлъэгъуэнущ.


Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Япэрей цӀыхуу Ӏэдэм зи цӀэр псэ зыхэт цӀыху хъуащ». Ауэ иужьрей Ӏэдэмыр арщ гъащӀэ къыдэзыт псэр.


Гуэныхь зыри димыӀэу жытӀэмэ, ди щхьэр къыдогъэпцӀэж, щыпкъагъи ди гум илъкъым.


– Зиусхьэн, хэт деж дыкӀуэн? – къыжриӀащ Симон Петр Хьисэ. – МыкӀуэдыжын гъащӀэ диӀэ зыщӀ псалъэхэр уи куэдщ.


Аращи, цӀыхухэр гуэныхь лэжьыным и ӀэмыщӀэ илъти, лӀэныгъэр Ӏыхьэу абыхэм къалъигъэсащ Тхьэм. Апхуэдабзу Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм и ӀэмыщӀэ цӀыхухэр зэрилъым щхьэкӀэ, абыхэм щыпкъагъэ яӀэу илъытэнущ Тхьэм. Аращи, Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным кыпкъырыкӀыу мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ хъунущ абыхэм.


Хьисэ Мэссихьщ щыхьэт пэжыр, япэу лӀахэм къахэтэжыкӀыжар арщ, щӀылъэм тет пащтыхьхэм я пашэр аращ. Абы фӀыуэ делъагъу, и лъыр жорым зэрыщыщӀэкӀам щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэр тщхьэщихыжащ.


ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ ищӀащ Мэссихь. Тхьэращ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжар, щӀыхьышхуэри къезытар. Абы и фӀыгъэкӀэ ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуащ икӀи Тхьэм фыщогугъ.


Уафэр зэӀухауэ слъэгъуащ итӀанэ. Сыщыплъэм, шы пщӀэгъуалэ гуэр къэлъэгъуащ. Шым тесым «Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу узыщыгугъ хъункӀэ» еджэу жаӀэ. Хьэкум щыпкъагъэкӀэ ещӀэ икӀи мэзауэ.


Хьисэ Мэссихьыращ псыкӀи лъыкӀи къэкӀуар. Псы къудейкӀэ къэкӀуакъым, атӀэ псырэ лъырэкӀэщ.* Тхьэм и Псэ ЛъапӀэращ щыхьэт хуэхъур, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэращ щыпкъагъэр.


Лаодикие къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: ӀэминкӀэ зэджэ щыхьэт пэжу икӀи узыщыгугъ хъун щыхьэту Тхьэм къигъэщӀа псори зи ӀэмыщӀэм къикӀам мы псалъэхэр жеӀэ:


Мы Ӏуэху псори къэкӀуэну щыта Ӏуэхухэм я ныбжь къудейщ, ауэ а ныбжьыр зейр Мэссихьщ.


Филаделфие къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: ЛъапӀэу икӀи пэжу щыту, Даут и ӀункӀыбзэр зыӀыгъым мы псалъэхэр жеӀэ. Абы зэӀуихыр зыми игъэбыдэфыркъым, игъэбыдари зыми зэӀуихыфыркъым.


ГъащӀэ пэжыр цӀыхухэм езытыр фыукӀащ, ауэ Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Дэ а Ӏуэхум дрищыхьэтщ.


ЦӀыхухэм гъащӀэ къезыт псыуэ кристаллым хуэдэу къабзэр мелыӀычым сигъэлъэгъуащ итӀанэ. Тхьэмрэ Щынэмрэ я тахътэм къикӀыу,


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм а гъэпсыкӀэмкӀэ къегъэнахуэ я нэхъ Пэш ЛъапӀэу уафэм щыӀэм деж кӀуэ гъуэгур зэрыӀумыхар, а шэтырыжьыр щыӀэху.


Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм езгъащӀэурэ, дин пашэ Ӏуэху солэжь. Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щӀезгъащӀэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хамэ лъэпкъхэм я гур зэригъэкъэбзэжам щхьэкӀэ ахэр Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэм хуэдэу хъуну папщӀэкӀэщ.


– Дамаск къалэм щыӀэ синэгуэгухэм тхылъ яхуэтхи, къызэт. Щаул апхуэдэу щӀыжиӀар Хьисэ и гъуэгу тетхэр Дамаск къыщигъуэтмэ, цӀыхухъуми цӀыхубзми, Ӏэпхлъэпх иригъэщӀурэ Ерусалим къригъэшэну арат.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ