1 – Фымыгузавэ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ, сэркӀи фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ.
Хьисэ макъ лъагэкӀэ жиӀащ итӀанэ: – СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъум фӀэщхъуныгъэ зыхуиӀэр си закъуэкъым, атӀэ сэ сыкъэзыгъэкӀуамкӀи фӀэщхъуныгъэ иӀэ мэхъу.
ИпэжыпӀэкӀэ, Къуэ лъапӀэр зылъагъуу, ар зи фӀэщ хъуа дэтхэнэми мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ зэрыхъунырщ си Адэр зыхуейр; а цӀыхур сэ къемэтмахуэм къэзгъэтэджыжынущ.
Уэращ си пащтыхьыр, си Тхьэр! Израил лъэпкъым текӀуэныгъэр къихьыну унафэ щӀы.
ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ ищӀащ Мэссихь. Тхьэращ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжар, щӀыхьышхуэри къезытар. Абы и фӀыгъэкӀэ ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуащ икӀи Тхьэм фыщогугъ.
– Ар къэхъун и пэкӀэ иджы вжызоӀэ, ар къыщыхъукӀэ, сэ сызэры-Мэссихьыр фи фӀэщ фщӀын щхьэкӀэ.
Аращи, Зиусхьэн ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэу фиӀэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмкӀэ фӀылъагъуныгъэу фиӀэмрэ я хъыбар щызэхэсхам къыщыщӀэдзауэ,
– Иджы согузавэ. Сыт къыжысӀэнур? Си Адэ, мы гугъуехьым сыхэхыж жысӀэн? Хьэуэ, мы гугъуехьыр сшэчын щхьэкӀэщ дунейм сыкъыщӀэкӀуар.
Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр къэсауэ жиӀэу, цӀыху гуэрым Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм езым и гум кърилъхьа хуэдэу пцӀыкӀэ жиӀэми, е цӀыхухэм а махуэр къэсауэ жаӀэми, е дэ тхылъкӀэ апхуэдэу ттхауэ цӀыхухэм жаӀэми, а Ӏуэхум щӀэхыу фытемыгузэвыхь икӀи фытемышыныхь.
Аращи, гухэщӀыныгъэм а цӀыхур имыкӀуэдыкӀын щхьэкӀэ, абы хуэвгъэгъун икӀи вгъэгушхуэн хуейщ.
Мэрием гъыуэ, абы и гъусэу къэкӀуа журтхэри гъыуэ щилъагъум, игу щӀыхьэри, Хьисэ хуабжьу гузэващ.
цӀыху псоми Адэ лъапӀэм щӀыхь зэрыхуащӀым хуэдэу, абы и Къуэми щӀыхь къыхуащӀын щхьэкӀэ. Абы и Къуэм щӀыхь къыхуэзымыщӀым ар къэзыгъэкӀуа Адэ лъапӀэми щӀыхь хуимыщӀу арщ.
Адэ лъапӀэри сэри дызэрамыцӀыхум щхьэкӀэ а Ӏуэхухэр ялэжынущ.
Тхьэм ядищӀа зэгурыӀуэныгъэм текӀащ ахэр, Абы и хабзэкӀэ псэун ядакъым.
Мы Ӏуэхухэр сэ зэрывжесӀам щхьэкӀэ, гукъеяуэшхуэ фиӀэ хъуащ.
Нобэр къэсыху, Адэм си цӀэкӀэ зыкӀи фелъэӀуакъым. ФелъэӀуи, фызэрелъэӀур къыфхуищӀэнущ, фи гуфӀэгъуэр нэгъэса хъун щхьэкӀэ.