26 – Мы щӀакхъуэ бзыгъэр фалъэм хэзгъапщӀэу зэстынуращ жыхуэсӀэр, – жэуап итыжащ Хьисэ. ЩӀакхъуэ бзыгъэр фалъэм хигъапщӀэри, Симон Искариот и къуэ Иудэ хуишиящ.
– Си гъусэу мы лагъэм зи ӀэкӀэ щӀакхъуэр хэзыгъэпщӀарщ тепщэныгъэ зиӀэхэм сезыгъэубыдынур, – жэуап итыжащ Хьисэ.
Ауэ тепщэныгъэ зиӀэхэм сезыгъэубыдынур си гъусэу мы Ӏэнэм бгъэдэсщ.
ЩӀакхъуэ бзыгъэр Хьисэ къызэрыӀихыу, Иудэ щӀэкӀащ. Жэщт.
Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар, Иудэ Искариот; а Иудэращ Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдар.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу Иудэ ИскариоткӀэ зэджэр дин пашэшхуэхэм я деж кӀуэри,