22 Ар къыщыжиӀэм, Хьисэ зи гугъу ищӀыр ящӀэртэкъыми, абы и гъуэгу ирикӀуэхэр зыр зым еплъыжащ.
Хьисэ ар щыжиӀэм, и гъуэгу ирикӀуэхэм зэупщӀыжу щӀадзащ: – Дэ тщыщу хэт ар зыщӀэну зи гум илъыр?
Ахэр къэнэщхъеящ икӀи Хьисэ гъуэрыгъуэу къеупщӀу щӀадзащ: – Сэмырауэ пӀэрэ а жыхуэпӀэр?
Ахэр икъукӀэ къэнэщхъеящ икӀи Хьисэ гъуэрыгъуэурэ къеупщӀу щӀадзащ: – Зиусхьэн, сэрмырауэ пӀэрэ а жыхуэпӀэр?
Арати, Екъуб къищӀащ Мысырым гъавэ зэрыщыӀэр, яжриӀащ Екъуб и къуэхэм: – Сыт фызыпэплъэр?
Ахэр здэшхэм, Хьисэ жиӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, тепщэныгъэ зиӀэхэм саригъэубыдынущ фэ фщыщ гуэрым.
Ахэр Ӏэнэм пэрысу здэшхэм, Хьисэ жиӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, сэ къыздэшхэхэм фщыщ гуэрым тепщэныгъэ зиӀэхэм саригъэубыдынущ.
Ауэ тепщэныгъэ зиӀэхэм сезыгъэубыдынур си гъусэу мы Ӏэнэм бгъэдэсщ.
– Ауэ фэ псоми фтеухуакъым сэ жысӀэр. Сэ къыхэсхар сощӀэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр, пэж хъун хуейщ: «Си щӀакхъуэр зышхам и лъэдакъэр къысхуигъэзэжри, бий къысхуэхъуащ».
Хьисэ а псалъэхэр къыжиӀа нэужь, къэгузавэри, щыхьэт техъуэурэ, жиӀащ: – Пэж дыдэр вжызоӀэ, фэ фщыщ гуэрым тепщэныгъэ зиӀэхэм саригъэубыдынущ.