10 – ЗызыгъэпскӀам и лъакъуэхэм фӀэкӀа итхьэщӀын хуейкъым, – жиӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зэрыщыту къабзэщ. Фэри фыкъабзэщ, ауэ псори фыапхуэдэкъым.
Фэ фигухэр сэ вжесӀа псалъэхэмкӀэ къабзэ хъуакӀэщ.
Аращи, Мэссихь цӀыху гуэрым и псэм щыщ хъумэ, а цӀыхур Тхьэм щӀэрыщӀэу къигъэхъужащ. А цӀыхум и дуней тетыкӀэу щытар блэкӀащ, дуней тетыкӀэщӀэм щӀидзащ.
ФӀыуэ слъагъухэ, Тхьэм а ӀуэхуфӀхэмкӀэ дыкъызэригъэгугъам щхьэкӀэ дипкърэ дигурэ зыгъэуфӀей псори зыхэдвгъэгъэкъэбзыкӀи, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу, дигу нэхь къабзэ зэрыхъуным и ужь дивгъэт.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь лъэпкъ зымылэжьа Мэссихь Тхьэм гуэныхьым и къурмэныпхъэ ищӀащ, Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ.
Дэ псоми Ӏуэхугъуэ куэдкӀэ гуэныхь дощӀэ. Езым и псалъэхэмкӀэ гуэныхь зымыщӀэ цӀыхур цӀыху нэгъэсауэ щытщ, ипкъ псори игъэӀурыщӀэн лъокӀ.
А тыгъэхэри а къурмэнхэри зэпха Ӏуэху къудейхэр шхэнми ефэнми я Ӏуэхумрэ диным теухуауэ зэхуэмыдэ щӀыкӀэу цӀыхухэм зызэрагъэкъэбзэжын Ӏуэхумрэщ. Ахэр цӀыхухэм япкъхэм епха унафэщ; Тхьэм Ӏуэху псори зэрихъуэкӀыжыхущ, а унафэхэр щыӀэн зэрыхуейр.
Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм фи гур нэсауэ ирегъэкъэбзэж, зэрани къывэмыкӀыу фигури, фи псэри, фипкъри кърехъумэ, Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэн щхьэкӀэ.
Мыхъуну тщӀар къытхуэгъэгъу, мыхъун къыдэзыщӀахэм дэ зэрахуэдгъэгъум хуэдэу.
Уэ Зиусхьэн, апхуэдэу щыхъукӀэ, си лъакъуэхэм я мызакъуэу, си Ӏэхэри схуэтхьэщӀ, си щхьэри схуэхущӀ, – къыжриӀащ Симон Петр.
– Ауэ фэ псоми фтеухуакъым сэ жысӀэр. Сэ къыхэсхар сощӀэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр, пэж хъун хуейщ: «Си щӀакхъуэр зышхам и лъэдакъэр къысхуигъэзэжри, бий къысхуэхъуащ».