8 ТхьэмыщкӀэхэр дапщэщи къыфхэтынущ, ауэ сэ игъащӀэкӀэ сыфхэтынукъым.
ТхьэмыщкӀэхэр дапщэщи къыфхэтынущ, фыщыхуейм деж фӀы яхуэфщӀэфынущ, ауэ сэ игъащэкӀэ сыфхэтынукъым.
– Нэхур зы тэлайкӀэ къыфхэтынущ иджыри, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – КӀыфӀыгъэм фыхимыубыдэу нэхур фыхэтыху, фызекӀуэ. КӀыфӀыгъэм хэту зекӀуэм здэкӀуэр ищӀэркъым.
ТхьэмыщкӀэхэр дапщэщи къыфхэтынущ, ауэ сэ игъащӀэкӀэ сыфхэтынукъым.
– Си бынхэ, куэдрэ сывигъусэжынукъым. Фэ фыкъыслъыхъуэнущ, ауэ «СыздэкӀуэм фэ фынэкӀуэфынукъым» жысӀэу журтхэм зэражесӀам хуэдэу, фэри вжызоӀэ иджы.
Хьисэ абыхэм яжриӀащ аргуэру: – Сэ сыфхэкӀыжынущ, фэри сыкъэфлъыхъуэнущ, ауэ фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ. Сэ сыздэкӀуэм фэ фынэкӀуэфынукъым.