6 Иудэ ар щӀыжиӀар тхьэмыщкӀэхэм гущӀэгъу яхуищӀу артэкъым, атӀэ езыр дыгъуакӀуэти, арт. Абы ахъщащхьэр иӀыгъти, абы иралъхьа ахъшэм хэдыгъухьырт.
Иудэ абыхэм я ахъшащхьэр зэриӀыгъым щхьэкӀэ, е «ӀутӀыж махуэшхуэм щхьэкӀэ дызыхуэныкъуэр къэщэху», е «ТхьэмыщкӀэхэм зыгуэр ет» жиӀэу, Хьисэ абы жриӀауэ я гугъащ языныкъуэхэм.
Ауэ фэ тхьэмыщкӀэхэр зэфпэсакъым. Къулейхэракъэ фыдэзыкъузэр икӀи хеящӀэхэм я пащхьэм физышэр?
Дыщэ Ӏэлъын Ӏэрылъу, щыгъын лъапӀэхэр щыгъыу лӀы къулей гуэр фи зэхуэсым къыхыхьауэ, фаджэу хуэпауэ лӀы тхьэмыщкӀэ гуэри къыфхыхьауэ жытӀэнщ.
Сыт хуэдэ бзаджагъэми пэӀэщӀэ зыфщӀ.
«Ди тхьэмыщкӀэхэм фадэӀэпыкъуну зыщывмыгъэгъупщэ», жаӀэу, а зы закъуэрщ къызэрыдэлъэӀуар. А Ӏуэхум си фӀэщу сыхэтащ.
дыгъуакӀуэхэми, нэпсейхэми, ефакӀуэхэми, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьхэми, хъунщӀакӀуэхэми Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къалъысынукъым.
А лӀыр щӀыщӀэпхъуэжыр пщӀэкӀэ лажьэурэ, хамэ мэлхэр хъымпӀар ищӀыркъыми, арщ.
Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэу тхахэм хэтщ: «Сэ си унэр тхьэлъэӀупӀэу щытынущ», ауэ фэ ар «хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэм» ещхь фощӀ.
Зиусхьэн! Хэт Уэ уи унэ – чэтэн унэ лъапӀэм исыну зыхуэфащэр? Хэт уи Ӏуащхьэ лъапӀэм тесыну зэппэсыр?
пщы Ирод и унэзехьэу Хузэ зи цӀэм и фыз Иуаннэ, Сусаннэ, нэгъуэщӀ куэди. А цӀыхубзхэр я мылъкумкӀэ Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъурт.
Мы дагъэ лъапӀэр динар щищкӀэ тщэуэ, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм щӀедмытар сыт?