47 – Си псалъэхэр зэхэзыхыу емыдаӀуэр сэ згъэкъуэншэнукъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дунейм и цӀыхухэр згъэкъуэншэн щхьэкӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ ахэр мыкӀуэду къезгъэлын папщӀэщ.
Тхьэм дунейм и цӀыхухэр игъэкъуэншэну аракъым езым и Къуэр дунейм къыщӀигъэкӀуар, атӀэ и Къуэм къыпкърыкӀэу дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.
Сэ нэмыплъ къызэзыту, си псалъэхэри зымыдэм езыр зыгъэкъуэншэн гуэр бгъэдэлъщ. Псалъэу къыжысӀаращ къемэтмахуэм а цӀыхур зыгъэкъуэншэнур.
Адэ лъапӀэм дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, езым и Къуэр къызэригъэкӀуар ди нэгу щӀэкӀащ икӀи абы щыхьэт дыхуохъу.
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар кӀуэдыпӀэ ихуа цӀыхухэр къилъыхъуэурэ, мыкӀуэду къригъэлыну аращ.
– Адэ лъапӀэм и пащхьэм сэ фыщызгъэкъуэншэну фи мыгугъэ. Фэ фызыщыгугъ Мусэ бегъымбарырщ фызыгъэкъуэншэнур.
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэм я сэбэп зригъэкӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ езым и сэбэп цӀыхухэм яригъэкӀын икӀи цӀыху куэдым щхьэкӀэ и псэр щхьэщэхужу итын папщӀэщ.
ФымыкӀуэду фыкъригъэлыну Ӏэмал къывитын щхьэкӀэщ Зиусхьэным шыӀэныгъэ щӀиӀэр, ар зыгурывгъаӀуэ, дэ фӀыуэ тлъагъу ди къуэш Паул Тхьэм кърита акъылкӀэ къызэрыфхуитхам хуэдэу.
– Фэ фтеухуауэ сэ жысӀэн икӀи фызэрызгъэкъуэншэн куэд сиӀэщ, ауэ сэ сыкъэзыгъэкӀуар щыпкъэщ, абы жиӀэу зэхэсхар дунейм и цӀыхухэм яжызоӀэ.
– Фысакъ, мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри нэмыплъ евмыт; сэ нывжызоӀэ, мы цӀыкӀухэм я мелыӀыч уафэгурысхэм си Адэу уафэм щыӀэм и нэгур зэпымыууэ ялъагъури.
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэр игъэкӀуэдыну аракъым, атӀэ мыкӀуэду къригъэлыну аращ. НэгъуэщӀ жылэ гуэрым кӀуащ итӀанэ.
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыху кӀуэдам лъыхъуэурэ, мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.