Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 12:34 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

34 – Мэссихь игъащӀэкӀэ зэрыщыӀэнур Торэт хабзэм дигъэщӀащ, – къыжраӀащ цӀыхухэм. – ЦӀыхухэм ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къызэраӀэтынур жыбоӀэ, ар дауэ зэрыхъунур? ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэу жыхуэпӀэр хэт?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 12:34
26 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Абы и Ӏуэху щӀагъуэхэр цӀыхухэм ягу къагъэкӀыж; хьэлэлщ, гущӀэгъущӀщ Зиусхьэныр.


Аращи, зы гуэныхь закъуэм къыхэкӀар Тхьэм цӀыху псори къуаншэу зэрилъытар арщ. Апхуэдэу, зы цӀыху закъуэм ищӀа щыпкъагъэ зыхэлъ Ӏуэхум къыхэкӀыр Тхьэм цӀыху псоми гъащӀэ яритурэ, щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэр арщ.


Я нэхэр щэм къыщихуащ гухэлъ бзаджэхэр я гум щызэпощэ.


Торэт хабзэм къыжиӀэр Торэт хабзэм тет цӀыхухэм зэражриӀэр дощӀэ. Апхуэдэу цӀыху псоми я жьэр яригъэубыда хъуащ икӀи дунейм тет цӀыху псори Тхьэм дежкӀэ къуаншэу къыщӀэкӀащ,


Апхуэдэу щӀэхъун хуейр мы псалъэу абыхэм я Торэт хабзэм итхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Сэ лажьэ симыӀэу щытми, сыкъалъагъу мыхъу хъуащ».


Ауэ цӀыхухэм сэ сыкъыщаӀэткӀэ, цӀыху псори си деж къесшэлӀэнущ.


– Фэ фи Торэт хабзэм иткъэ Тхьэм мыпхуэдэу зэрыжиӀар: «Сэ жысӀащ фэ тхьэуэ фызэрыщытыр?» – яжриӀэжащ Хьисэ абыхэм. – Тхьэм и псалъэ тхахэри къута хъунукъым.


Хьисэ Ерусалим щыдыхьэм, къалэ псор къызэщӀэхъеяуэ, цӀыхухэм жаӀэрт: – Хэт мыр?


Кесарфилиппие къалэм и Ӏэхэлъахэм щынэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ: – Сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, цӀыхухэм сыхэту жаӀэрэ?


– Бажэхэм зэрысын гъуэ яӀэщ, къуалэбзухэми абгъуэ яӀэщ, ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щхьэр зрихьэлӀэн хэщӀапӀэ иӀэкъым, – жриӀащ абы Хьисэ.


Арати, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр щыфӀэткӀэ, сэ хэт сыщыщми, сэр-сэру зыри зэрызмыгъэзащӀэри, си Адэм сигъащӀэ псалъэхэр къызэрыжысӀэри къэфщӀэнущ.


Ауэ игъащӀэкӀэ зэрыпсэунум щхьэкӀэ Хьисэ и дин пашэ Ӏуэхур нэгъуэщӀ гуэрым къыхуигъэнэжынукъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ