Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 12:23 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

23 – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм щалъагъуну сыхьэтыр къэсащ, – яжриӀащ Хьисэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 12:23
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ещанэу къыщигъэзэжым, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Зывгъэпсэхуу фыжейрэ иджыри? Ирикъунщ фызэрыжеяр. ПӀалъэр къэсащ. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр гуэныхь зыщӀэхэм яӀэщӀыхьэнущ.


– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм щӀыхьышхуэ иӀэу, и мелыӀыч псори и гъусэу дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ и тахътэм тетӀысхьэнущ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм а къэхъуа-къэщӀам къикӀыр къагурыӀуакъым, ауэ щӀыхьышхуэ иӀэ хъуауэ, Хьисэ уафэм дэкӀуеижа нэужь, Тхьэм и псалъэ тхахэм а псалъэхэр Хьисэ теухуауэ зэрыхэтри, а псалъэхэм тету цӀыхухэм Хьисэ зэрыдекӀуэкӀари ягу къэкӀыжащ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж къигъэзэжри, яжриӀащ: – Зывгъэпсэхуу фыжейрэ иджыри? Мис, пӀалъэр къэблэгъащ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр гуэныхь зыщӀэхэм яӀэщӀыхьэнущ.


ИтӀанэ тӀэкӀу ӀукӀуэтщ, щӀым зридзыхри, хъуну щытмэ, гугъуехьым и пӀалъэр блигъэкӀыну Тхьэм елъэӀуащ.


Хьисэ жыхуиӀар абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ягу Тхьэм кърилъхьэну Псэ ЛъапӀэр арщ. Абы нэсыху, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ягу зэкӀэ кърилъхьатэкъым, Хьисэ и щӀыхьышхуэр иджыри иӀэ хъуа щӀыкӀэтэкъыми.


– Иджы согузавэ. Сыт къыжысӀэнур? Си Адэ, мы гугъуехьым сыхэхыж жысӀэн? Хьэуэ, мы гугъуехьыр сшэчын щхьэкӀэщ дунейм сыкъыщӀэкӀуар.


ӀутӀыж махуэшхуэр къэблэгъат. Дунейм ехыжу, Адэ лъапӀэм и деж щигъэзэжыну пӀалъэр къызэрысар Хьисэ ищӀэрт. Езым и цӀыхуу дунейм тетхэр фӀыуэ илъагъурт, и кӀэм нэсыхуи фӀыуэ илъэгъуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ