18 А нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр къызэригъэлъэгъуар цӀыху куэдым зэхахати, Хьисэ пежьэну дэкӀащ.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пашэхэм журт Ӏэджэ ябгъэдэкӀри, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуат Лазар и фӀыгъэкӀэ.
Ерусалим и гъунэгъуу, гъуэгур Елеон Ӏуащхьэм къыщех щӀыпӀэм Хьисэ щынэсым, ялъэгъуа Ӏуэху телъыджэ псом щхьэкӀэ гуфӀэрэ макъышхуэкӀэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀу, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ гуп псоми мыпхуэдэу жаӀэу щӀадзащ:
Хьисэ и нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэм ящыщу япэрейр аращ. А нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр Галилей хэкум щыщ Канэ жылэм щигъэлъэгъуащ. И щӀыхьышхуэр къигъэнэхуащ апхуэдэу, и гъуэгу ирикӀуэхэми езымкӀэ фӀэщхъуныгъэу яӀэри нэхъ быдэ хъуащ.
Сымаджэхэр игъэхъужурэ, Хьисэ къигъэлъэгъуа нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр зэралъэгъуам щхьэкӀэ цӀыху гупышхуэ абы и ужь иту кӀуэрт.
Махуэшхуэм щхьэкӀэ къекӀуэлӀа цӀыху куэдым Хьисэ Ерусалим къызэрыкӀуэр зэхахащ етӀуанэ махуэм.
Ар щалъагъум, фарисейхэм жаӀащ: – Абы зыри ефщӀэну зэрыфлъэмыкӀыр фолъагъу. Дунейм и цӀыху псори абы и ужь йоувэ.