10 Арати, дин пашэшхуэхэм Лазари яукӀыну мурад ящӀащ,
– «Мусэ бегъымбарымрэ адрей бегъымбархэмрэ емыдаӀуэмэ, лӀахэм зыгуэр къахэтэджыкӀыжми, я фӀэщ хъунукъым», къыжриӀащ Ибрэхьим.
Тхьэгурымагъуэхэм къызэрагъэпцӀар щилъагъум, Ирод икъукӀэ губжьащ. Тхьэгурымагъуэхэм къаригъэӀуэта зэманым икӀуэцӀкӀэ, Бэтлэхьэм абы и Ӏэхэлъахэ псоми щыщ къыщалъхуа сабий псори, илъэситӀ зи ныбжьым нэс, яукӀын щхьэкӀэ Ирод и зауэлӀхэр иутӀыпщащ.
Хьисэ яубыдын щхьэкӀэ дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ унафэ къыдагъэкӀат: – Хэтми, Хьисэ здэщыӀэм щыгъуазэм хъыбар дигъэщӀэн хуейщ, – жари.
Синэгуэгум щӀэкӀыжауэ, Хьисэ ягъэкӀуэдыну мурад ящӀати, зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэмкӀэ зэчэнджэщыжырт фарисейхэр абы щыгъуэ.
Хьисэ абы зэрыщыӀэр журтхэм ящыщ цӀыху куэдым зэхахати, къэкӀуащ, ауэ къыщӀэкӀуар Хьисэ и закъуэ къудейтэкъым, Хьисэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжа Лазари зрагъэлъагъуну хуейт.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пашэхэм журт Ӏэджэ ябгъэдэкӀри, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуат Лазар и фӀыгъэкӀэ.