57 Хьисэ яубыдын щхьэкӀэ дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ унафэ къыдагъэкӀат: – Хэтми, Хьисэ здэщыӀэм щыгъуазэм хъыбар дигъэщӀэн хуейщ, – жари.
Ар щажриӀэм, Хьисэ аргуэру яубыдыну хуеящ, ауэ яӀэщӀэкӀащ.
ЛӀым и адэ-анэм ар щӀыжаӀар журтхэм ящышынэрти, аращ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихьу зылъытэ дэтхэнэри синэгуэгум щӀахуну журтхэр зэгурыӀуат.
Ар щыжиӀэм, Хьисэ яукӀын щхьэкӀэ, мывэ къащтащ. Ауэ ямылъагъуу къахэкӀри, Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэкӀыжащ Хьисэ.
Тхьэуэ Зиусхьэным псалъэ быдэ итащи, щӀегъуэжынкъым: «Мелхиседек хуэдэу, уэри удин пашэнщ игъащӀэкӀэ».
Ауэ а журтхэм ящыщ гуэрхэр фарисейхэм я деж кӀуэри, Хьисэ ищӀар хуаӀуэтэжащ.
Дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ къэхъуар щызэхахым, Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэр зэхуашэсащ: – Сыт тщӀэнур? – чэнджэщащ ахэр. – Мы лӀым нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ куэд къегъэлъагъуэ.