56 Хьисэ къалъыхъуэрт абы щыгъуэ, Тхьэм и унэшхуэм щӀэту цӀыхухэр зэупщӀыжырт: – Дауэ феплърэ? Махуэшхуэм щхьэкӀэ ар къэкӀуэну пӀэрэ?
А махуэшхуэхэм хэт журтхэр Хьисэ лъыхъуэрт, «А лӀыр дэнэ щыӀэ?» жаӀэурэ.
Хьисэ яубыдын щхьэкӀэ дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ унафэ къыдагъэкӀат: – Хэтми, Хьисэ здэщыӀэм щыгъуазэм хъыбар дигъэщӀэн хуейщ, – жари.