52 Хьисэ и псэр итыну щӀыщытар журт лъэпкъым щхьэкӀэ къудейтэкъым, атӀэ Тхьэм и быну хэгуэшахэр зы хъужыну икӀи зэхуишэсыжыну арат.
Мы мэл хъушэм щымыщу нэгъуэщӀ мэлхэри сиӀэщ. Ахэри си деж къэсшэн хуейщ, ахэри си макъым къедэӀуэнущ. Псори зы мэл хъушэрэ зы мэлыхъуэрэ хъунущ.
Дэ гуэныхьу тщӀахэр зыпшыныж къурмэныпхъэр Хьисэщ, ди гуэныхьхэм я закъуэкъым абы ипшыныжыр, атӀэ дунейм тет цӀыху псоми я гуэныхьхэр епшыныж.
Сэ сы-Петрщ, Хьисэ Мэссихь сриапостолщ. Фэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм, хэгуэшауэ Понт, Галатие, Каппадокие, Асие, Вифиние хэкухэм щыпсэухэм, мы тхылъыр ныфхузотх.
УэрэдыщӀэ къыжаӀащ: «Тхылъыр пщтэну, и мыхъурхэри тепчыну уэ пхуэфащэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм уфӀагъэжащ, уилъкӀэ унагъуэ лъэпкъ псоми, бзэ псоми, къэрал псоми, лъэпкъ псоми ящыщ цӀыхухэм я щхьэхэр Тхьэм папщӀэ къэпщэхужащ.
Тхьэр журтхэм я закъуэ зи Тхьэр, е нэгъуэщӀ лъэпкъхэми я Тхьэуи щыт? НэгъуэщӀ лъэпкъхэм я Тхьэуи щытщ.
Ар хамэ лъэпкъхэм щыпкъагъэ езыгъащӀэ нэхурщ, Израил уи лъэпкъыр щӀыхьышхуэ иӀэу зыщӀынури арщ».
Сэ сы-Екъубщ, Тхьэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ сахуолажьэ. Фэ, дунейм хэгуэшауэ щыпсэу унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым, фӀэхъус фызох.
Тхьэм а Ӏуэхур игъэзэщӀащ, Мэссихь Хьисэу ди Зиусхьэным иригъэгъэзэщӀа зэи мыкӀуэдыжын мурадым тету.
Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм езым и бынхэм хуэдэу дищтэну куэд щӀауэ иухащ, игъуэу зэрилъытамрэ и мурадымрэ тету.
Тхьэм Ибрэхьим къыжриӀауэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Лъэпкъ куэдым адэ уахуэхъуну узгъэуващ». Тхьэм дежкӀэ Ибрэхьим дэ псоми ди адэщ. Тхьэращ Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зыхуиӀар – Тхьэуэ лӀахэр къэзыгъэхъужым, и лъэкӀыныгъэкӀи щымыӀэ Ӏуэхухэр къэзыгъэхъум.
сэ сыуигъусэнущ. Уэ къокъуэншэкӀыну зым и Ӏи къикӀынукъым. Си цӀыхухэм ящыщ куэд мы къалэм дэсщ.
Ауэ цӀыхухэм сэ сыкъыщаӀэткӀэ, цӀыху псори си деж къесшэлӀэнущ.
Хьисэ етӀуанэ махуэм къакӀуэу щилъагъум, Иуан жиӀащ: – Мис Тхьэм и къурмэныпхъэ щынэу дунейм и цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятезыхыжыр.
Сыту атӀэ уащӀэдэмыщӀэу унэхъуа ахэр – щыӀэжкъым, шынагъуэшхуэм екӀуэдылӀащ!
БгъэдэкӀынукъым тепщэныгъэ башыр Иудэ икӀи пщы башыр абы и къуэхэм, тыгъэ къыхуащӀыурэ, цӀыху лъэпкъхэри абы и жыӀэм едэӀуэнущ.
Ауэ ар зыда цӀыху псоми, езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, Тхьэм и бын хъуну хуитыныгъэ къаритащ.
Адэ лъапӀэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэшхуэм фегупсыс. «Фэ фызибынщ», жеӀэ. Абы и бынхэуи дыщытщ. Мы дунейм и цӀыхухэм дэ дыщӀамыщӀэр Адэ лъапӀэр ящӀэркъыми, аращ.
ФӀыуэ слъагъухэ, иджы Тхьэм дрибынщ, ауэ дызыхуэдэ хъунур зэкӀэ нахуэ хъуакъым. Ар нахуэ хъуа нэужь, езым хуэдэу дызэрыхъунур дощӀэ, ар зыхуэдэр тлъагъунущи.
Тхьэм и бынхэри шейтӀаным и бынхэри зэрызэхэпщӀыхукӀынур мыращ: Щыпкъагъэр зылэжь дэтхэнэри Тхьэм и бынхэм ящыщкъым, апхуэдэ дыдэу, зи къуэшыр фӀыуэ зымылъагъур Тхьэм и бынхэм ящыщкъым.
– Абы ещхьу, цӀыхубз гуэрым дыжьын ахъшипщӀ иӀэу жытӀэнщ. Абыхэм ящыщ зыр фӀэкӀуэдмэ, уэздыгъэ щӀигъанэу ахъшэр къигъуэтыжыхукӀэ, хуэсакъыпэу лъыхъуэурэ, унэ псор щӀищыкӀыркъэ?