5 Хьисэ Марфи, Марфэ и шыпхъури, Лазари фӀыуэ илъагъурт.
Сэ уэ абыхэм уезгъэщӀащ икӀи уезгъэщӀэнущ, уэ къысхууиӀэ фӀылъагъуныгъэр сыт щыгъуи абыхэм ягу илъын, сэри абыхэм я псэм сыщыщын щхьэкӀэ.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ сэ фӀыуэ сызэрыфлъэгъуам, Тхьэм сызэрыщыщымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ, езы Адэ лъапӀэми фӀыуэ фыкъелъагъу.
Ар щалъагъум, журтхэм жаӀащ: – Феплъыт абы ар фӀыуэ илъагъуу зэрыщытам.
Равви, журтхэр мывэкӀэ къоуэурэ уаукӀыну уи ужь зэритрэ куэд щӀакъым. Уэ абы аргуэру укӀуэну ара? – къеупщӀащ и гъуэгу ирикӀуэхэр.
Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ адэкӀэ здэкӀуэм, жылагъуэ гуэрым дыхьащ. Марфэ зи цӀэ цӀыхубз гуэрым Хьисэ иригъэблэгъащ.
Марфэ ахэр гъэхьэщӀэным хуабжьу егугъуащ. Арати, Хьисэ бгъэдыхьэри жриӀащ: – Зиусхьэн, Ӏуэху псори сэ си закъуэу сщӀэну си шыпхъум сыкъызэригъэнар пфӀэемыкӀукъэ? КъыздэӀэпыкъуну жеӀэ абы.
– Ей Марфэу, си Марфэ! – жриӀащ Зиусхьэным абы. – Куэд щхьэкӀэ зыбгъэгузавэурэ, гугъу зыбогъэхь.
Лазар зи цӀэ лӀы гуэр сымаджэт. Ар Вифание жылэм щыщт. Мэрием и шыпхъу Марфи а жылэм щыщу щытащ.
Арати, зэшыпхъуитӀым Хьисэ лӀыкӀуэ хуагъакӀуэри жраӀащ: – Зиусхьэн! Уэ фӀыуэ плъагъур сымаджэщ.
Лазар зэрысымаджэр щызэхихым, Хьисэ здэщыӀэ щӀыпӀэм махуитӀкӀэ зыщиӀэжьащ.