Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 11:44 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

44 ЛӀар, и Ӏэхэми и лъакъуэхэми джэбынхэр къешэкӀауэ, и нэкӀуми щэкӀ хужь тепхъуауэ, кхъэлэгъунэм къыщӀэкӀыжащ. – Джэбыныр къыкӀэрыфхыжи, вгъэкӀуэж, – яжриӀащ Хьисэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 11:44
20 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Пэж дыдэр нывжызоӀэ, лӀахэм Тхьэм и Къуэм и макъыр зэхахыу, езым едаӀуэхэми гъащӀэ щагъуэтыну махуэр къэсынущ икӀи къэсакӀэщ.


Хьисэ и щхьэм ешэкӀауэ щыта джэбыныр адрей джэбынхэм ябгъэдэмылъу, щхьэхуэу, зэкӀуэцӀышыхьауэ нэгъуэщӀ щӀыпӀэ деж щылът.


Езым и лъэкӀыныгъэшхуэ зэрылажьэмкӀэ, Ӏуэху псори и тепщэныгъэм зэрыщӀигъэувэмкӀэ дипкъ тхьэмыщкӀэхэр зэрихъуэкӀынурэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ езым и пкъым хуэдэ ищӀынущ.


Адэ лъапӀэмрэ сэрэ дызщ.


Адэ лъапӀэм лӀахэр къызэригъэтэджыжым икӀи къызэригъэпсэужым хуэдэу, абы и Къуэми езыр зыхуей цӀыхухэр къегъэпсэуж.


ЩӀалэ лӀар къэтэджыжри, псалъэу щӀидзащ, Хьисэи ар и анэм иритыжащ.


ЖиӀащ Тхьэм: – Ирехъу нэху. Нэху хъуащ.


ГъащӀэ зиӀэр сэращ. СылӀащ, ауэ иджы сыпсэущ икӀи игъащӀэкӀи сыпсэунущ. Ӏэмин. ЛӀэныгъэми хьэдрыхэми я ӀункӀыбзэхэр сӀыгъщ.


А тӀум Хьисэ и хьэдэр жорым къыфӀахыжри, журтхэм хьэдэр зэрыщӀалъхьэж хабзэм тету, мэ ӀэфӀ къызыпих удзхэр и гъусэу, джэбынхэр хьэдэм ирашэкӀащ.


Ялъэгъуар зыми хуамыӀуэтэжыну, Хьисэ унафэ быдэ яхуищӀащ абыхэм. ИтӀанэ яжриӀащ хъыджэбз цӀыкӀур ягъэшхэну.


Зиусхьэныр зыхуэдэр фыуплъэкӀуи, зэрыфӀыр флъагъунщ. Гъуэгу махуэ теуващ щхьэегъэзыпӀэкӀэ Абы зыхуэзыгъазэр.


Зригъэзыхщ, щӀэплъэри, джэбынхэр щылъу илъэгъуащ, ауэ кхъэлэгъунэм щӀыхьакъым.


– Мывэр Ӏуфх, – жиӀащ Хьисэ. ЛӀам и шыпхъу Марфэ Хьисэ къыжриӀащ: – Зиусхьэн, ар зэрылӀэрэ махуиплӀ мэхъу, мэ щоу.


Ещанэ унэӀутри къакӀуэри, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, мис уи минэр. Ар хъыданым кӀуэцӀыслъхьэри щызгъэлъащ.


Ар жиӀа нэужь, Хьисэ и макъым зригъэӀэтащ. – Лазар, мыбы къыщӀэкӀыж!


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ