41 Арати, лӀар зыщӀэлъ бгъуэнщӀагъым Ӏулъ мывэр Ӏуахащ. Уафэм дэплъейри, Хьисэ жиӀащ: – Си Адэ, си лъэӀур зэрызэхэпщӀыкӀам щхьэкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ.
И псалъэм къыпищэу, Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Си Адэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ я Зиусхьэн. Мы Ӏуэхухэр цӀыху губзыгъэхэмрэ цӀыху Ӏущхэмрэ ящыбгъэпщкӀуурэ, сабийхэм зэребгъэщӀамкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ.
А псалъэхэм я ужькӀэ, Хьисэ уафэм дэплъейри, жиӀащ: – Си Адэ, пӀалъэр къэсащ. Уи Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм егъэлъагъу, уи Къуэми уэ уи щӀыхьышхуэр цӀыхухэм яригъэлъагъун щхьэкӀэ.
Зиусхьэныр армыратэмэ къытщӀыгъур, – жреӀэ Израил, –
Асыхьэт дыдэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ину къигъэгуфӀэри, Хьисэ жиӀащ: – Си Адэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ я Зиусхьэн, мы Ӏуэхухэр цӀыху губзыгъэхэмрэ цӀыху Ӏущхэмрэ ящыбгъэпщкӀуурэ, сабийхэм зэребгъэщӀамкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ. Си Адэ, апхуэдэущ уэ узэрыхуеяр.
Зыми фремыгъэгузавэ, ауэ сыт ищӀыс Ӏуэхуми щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀуурэ, щӀыхь хуэфщӀурэ, фи дэӀэпыкъуэгъу хъуну фелъэӀуурэ, фызыхуэныкъуэр евгъащӀэ.
– Ауэ хьэкътын ахъшэр хэзыхыр жыжьэу увауэ, и нэхэмкӀэ уафэм дэплъеин къудей темыгушхуэу, и бгъэгум еуэу, Тхьэм елъэӀурт: «Си Тхьэ, сэ, цӀыху гуэныхьыщӀэм, гущӀэгъу къысхуэщӀ».
Си Адэ, апхуэдэущ уэ узэрыхуеяр.
къыр мывэм езым щхьэкӀэ къыхригъэщӀыкӀа кхъэлэгъунэм щӀилъхьэжащ. Исуф кхъэлэгъунэ щӀыхьэпӀэм мывэшхуэ ӀуигъэкӀуриери ӀукӀыжащ.
Исуф чэсей хужь джэбын къищэхущ, хьэдэр жорым къыкӀэрихщ, чэсей джэбыныр иришэкӀри, къыр мывэм къыхащӀыкӀа кхъэлэгъунэм щӀилъхьащ. Кхъэлэгъунэ щӀыхьэпӀэм мывэшхуэ ӀуигъэукӀуриежащ.
Кхъэлэгъунэм и щӀыхьэпӀэм Ӏулъа мывэшхуэр ӀугъэкӀуриикӀауэ ӀущӀащ абы кӀуахэр.
Тхьэм сыт ищӀыскӀэ уелъэӀуми, абы къызэрыпхуищӀэнур сощӀэ.
Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм пщэдджыжьым жьыуэ, кӀыфӀ зэхэту, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием кхъэлэгъунэм кӀуащ. ЩыкӀуэм, кхъэлэгъунэм мывэшхуэр ӀугъэукӀуриикӀауэ илъэгъуащ.
Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Стефан и гум хуабжьу хыхьэщ, ар уафэм дэплъейри, Тхьэм и щӀыхьышхуэри Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ Хьисэ зэрыщытри къилъэгъуащ.