34 – Дэнэ хьэдэр щыщӀэфлъхьэжар? – щӀэупщӀащ Хьисэ. – Зиусхьэн, кӀуэи, еплъ, – къыжраӀащ абыхэм.
Мэрием, ар щилъагъум, Симон Петррэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу нэхъ и щӀасэмрэ я деж жэри, яжриӀащ: – Зиусхьэныр кхъэлэгъунэм къыщӀахащ, здахьари тщӀэркъым.
– ФыкъакӀуи, флъагъунщ, – яжриӀащ Хьисэ. Ахэр кӀуэщ, зыщыпсэур ялъагъури, а махуэр Хьисэ деж щагъэкӀуащ. Ар сыхьэтыр плӀым дежт.
– Фымыгузавэ, – къажриӀащ щӀалэм абыхэм. – Назарет щыщ Хьисэу жорым ираӀулӀам фызэрылъыхъуэр сощӀэ. Ар мыбдежым щыӀэжкъым. Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ! Мыращ зыщӀалъхьэжауэ щыта щӀыпӀэр.
Магдалэ жылэм щыщ Мэриемрэ Иосий и анэ Мэриемрэ Исуф хьэдэр зыщӀилъхьар ялъэгъуащ.
Ар мыбдежым щыӀэжкъым. ЗэрыжиӀам хуэдэу, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Фыбгъэдыхьи, Зиусхьэныр здэщылъа щӀыпӀэм феплъ.
Мэрием гъыуэ, абы и гъусэу къэкӀуа журтхэри гъыуэ щилъагъум, игу щӀыхьэри, Хьисэ хуабжьу гузэващ.
Хьисэ къэгъащ абдежым.