3 Арати, зэшыпхъуитӀым Хьисэ лӀыкӀуэ хуагъакӀуэри жраӀащ: – Зиусхьэн! Уэ фӀыуэ плъагъур сымаджэщ.
Хьисэ Марфи, Марфэ и шыпхъури, Лазари фӀыуэ илъагъурт.
ФӀыуэ слъагъухэм ягурызогъаӀуэ, икӀи согъэӀурыщӀэ. Аращи, фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, си гъуэгум фигурэ фи псэкӀэ фрикӀуэ.
Ераст Коринф къалэм къыдэнащ. Трофим Милит къалэм сымаджэу къыщызгъэнащ.
И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Хьисэ нэхъ и щӀасэр езым къыбгъэдэсу Ӏэнэм пэрыст.
Ар щалъагъум, журтхэм жаӀащ: – Феплъыт абы ар фӀыуэ илъагъуу зэрыщытам.
А псалъэхэр яжриӀа нэужь, щӀигъужащ: – Ди ныбжьэгъу Лазар жеящ, ар къэзгъэушыжыну сокӀуэ.
Уэ си гур бгъэунэхуащ, жэщу укъэкӀуащ си деж, укъызэплъэкӀуащ, ауэ мыхъун къысхэбгъуэтакъым сэ; Ӏеягъэ гуэри жысӀэркъым.
– Къащтэ уи къуэр, фӀыуэ плъагъу уи къуэ закъуэр, Исхьэкъыр, – жиӀащ Тхьэм, – Морый щӀыналъэм кӀуэи, абдежым къурмэныпхъэу щыгъэс ар бгыхэм ящыщу Сэ уэзгъэлъагъуну зым и щыгум.
Лазар зи цӀэ лӀы гуэр сымаджэт. Ар Вифание жылэм щыщт. Мэрием и шыпхъу Марфи а жылэм щыщу щытащ.
Зиусхьэным фызабэр щилъагъум, игу щӀэгъури жриӀащ: – Умыгъ, ди анэ!
А Мэриемыр арщ дагъэ лъапӀэр Зиусхьэным и лъакъуэхэм щызыхуэу, и щхьэцымкӀэ зылъэщӀыжар. Мэрием и дэлъху Лазарт сымаджэр.
– Зиусхьэн, – къыжриӀащ Марфэ Хьисэ, – уэ мыбдеж ущыӀатэмэ, си дэлъхур лӀэнтэкъым.
Фэ «Дин егъэджакӀуэкӀэ» икӀи «ЗиусхьэнкӀэ» фыкъызоджэ; жыфӀэр пэжщ, апхуэдэуи сыщытщ.