20 Хьисэ къызэрыкӀуэр щызэхихым, Марфэ абы къыпежьащ, Мэрием унэм къыщӀэнащ.
ИтӀанэ дэ, псэууэ къэнахэр, абыхэм дащӀыгъуу Тхьэм уафэм дыдрихьеинущ, пшэхэм дахэту, хьэуам хэту Зиусхьэным дыщыӀущӀэн щхьэкӀэ. Зиусхьэным сыт щыгъуи дригъусэнущ итӀанэ.
Рим дэс къуэшхэм дызэрыкӀуэр зэхахати, къытпежьэри, «Аппий ЗэхуэсыпӀэ» зи цӀэ къалэмрэ «ХьэщӀэщищ» зи цӀэ къалэмрэ нэс къэкӀуащ. Ахэр щилъагъум, Паул Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, къэгушхуэжащ.
Петр унэм щыщӀыхьэм, Корнелий абы къыпежьэщ, и лъабжьэм зыкъыщӀидзэри, лъэгуажьэмыщхьэу тӀысащ.
Хьисэ жылэм иджыри дыхьатэкъым, Марфэ къыщыӀущӀа щӀыпӀэм деж щытт.
– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр* а махуэм зыхуэдэу щытынур мыращ. ХъыджэбзипщӀ, я уэздыгъэхэр къыздащтэри, щауэм пежьэну дэкӀащ.
– Жэщ ныкъуэм деж макъ гуэр къэӀуащ: «Мес, щауэр къокӀуэ, фыпежьэ!»