7 Арати, Хьисэ аргуэру жиӀащ: – Пэж дыдэр вжызоӀэ, чэтым и бжэр сэращ.
Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.
Мэссихь илэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ, а зы Псэ ЛъапӀэр ди псэм хэлъурэ, тӀури Адэ лъапӀэм и гъунэгъу дыхъун тлъэкӀынущ дэ.
Пэж дыдэр вжызоӀэ, чэтым и бжэмкӀэ щӀэмыхьэу, нэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ дэпщейр дыгъуакӀуэщ икӀи хъунщӀакӀуэщ.
Бжэр сэращ. А бжэмкӀэ щӀыхьэр мыкӀуэду къелынущ, щӀыхьэнущ икӀи къыщӀэкӀыжынущ, хъупӀи игъуэтынущ.
Санащхьэм къещӀэкӀа бжыхьыр сыт щхьэкӀэ бгъэуа? Абы къыпыкӀэр блэкӀ псоми пач абы къыхэкӀкӀэ.
ЕмыкӀу къызыпыкӀын Ӏуэху си пащхьэ къизгъэхуэнкъым: Тхьэм хуэмыщыпкъэхэм я Ӏуэху схуэлъагъуркъым; зыщыздзеинщ абыхэм я Ӏуэху.
ЦӀыху лъэпкъхэм я унагъуэ щхьэхуэхэм фӀыщӀэ псори хуэфлъагъу Зиусхьэным, щӀыхьымрэ лъэкӀыныгъэмрэ хуэфлъагъу Зиусхьэным.