34 – Фэ фи Торэт хабзэм иткъэ Тхьэм мыпхуэдэу зэрыжиӀар: «Сэ жысӀащ фэ тхьэуэ фызэрыщытыр?» – яжриӀэжащ Хьисэ абыхэм. – Тхьэм и псалъэ тхахэри къута хъунукъым.
Уэрэд. Асаф и уэрэд
Зиусхьэн! Уэ сыбгъэунэхуащ, сыкъыбощӀэ.
ЦӀыхуитӀым я щыхьэтыгъэр зэрырикъунур фи Торэт хабзэми итщ.
Апхуэдэу щӀэхъун хуейр мы псалъэу абыхэм я Торэт хабзэм итхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Сэ лажьэ симыӀэу щытми, сыкъалъагъу мыхъу хъуащ».
– Мэссихь игъащӀэкӀэ зэрыщыӀэнур Торэт хабзэм дигъэщӀащ, – къыжраӀащ цӀыхухэм. – ЦӀыхухэм ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къызэраӀэтынур жыбоӀэ, ар дауэ зэрыхъунур? ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэу жыхуэпӀэр хэт?
Зиусхьэным мыпхуэдэу къызэрыжиӀэр Торэт хабзэм итщ: «ХамэбзэхэмкӀи хамэхэм я жьэкӀи мы лъэпкъым сепсэлъэнущ. Сепсалъэ пэтми, къызэдэӀуэнукъым».
Апхуэдэу езым и псалъэхэр къызыхуэкӀуа цӀыхухэм «Фэ тхьэуэ фыщытщ», жиӀэри Тхьэм яжриӀащ.