24 Хьисэ къаувыхьри, журтхэр къеупщӀащ: – ӀупщӀу къыджумыӀэу, зыкъыдумыгъащӀэу куэдрэ дыпэбгъэплъэну? Мэссихьыр уэрамэ, занщӀэу къыджеӀэ.
Иуан Хьисэ щыхьэт зэрытехъуар мыращ; Ерусалим щыщ журтхэм дин пашэхэри левитхэри Иуан еупщӀыну ягъэкӀуащ. – Уэ ухэт? – жаӀэу щеупщӀым,
Ди адэшхуэ Ибрэхьим нэхърэ уэ унэхъыщхьэ? Ар лӀащ, бегъымбархэри лӀащ, ухэту зыплъытэжрэ уэ?
– Хэт ущыщ атӀэ уэ? – къеупщӀащ ахэр. – Япэм щыщӀэдзауэ сэ хэт сыщыщми зэрывжесӀам сыхуэдэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Хьисэ иригъэупщӀащ: – Уэра къэкӀуэн хуейр, хьэмэрэ нэгъуэщӀ гуэрым дыпэплъэн хуей?
Аращи, апхуэдэ гугъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ гушхуэныгъэ тхэлъу допсалъэ.
– Ущие хъыбаркӀэ сынывэпсэлъащ иджыри къас. Ауэ ущие хъыбаркӀэ сыныщывэмыпсэлъэжыну махуэр къоблагъэ. А махуэр къыщыскӀэ, Адэ лъапӀэм теухуар нахуэу фхуэсӀуэтэнущ.
ЛӀым и адэ-анэм ар щӀыжаӀар журтхэм ящышынэрти, аращ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихьу зылъытэ дэтхэнэри синэгуэгум щӀахуну журтхэр зэгурыӀуат.
– Мы Иуаныр Мэссихьу жыхуаӀэр армырауэ пӀэрэ? – жаӀэурэ гугъэ ящӀу, цӀыху псори ягукӀэ зэупщӀыжырт.
ЩӀэхъумэ лъэпкъ хэмылъу ар яхуиӀуэтащ Хьисэ. Хьисэ лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, абы жиӀар хуимыдэу щӀидзащ Петр.
Хьисэ ар щажриӀэм, журтхэм ар яукӀын щхьэкӀэ, мывэхэр къащтащ.
– Ӏуэху телъыджэ уэ зэрыблэжьам щхьэкӀэкъым мывэкӀэ дыноуэрэ удукӀыну дыщӀыхуейр, атӀэ уэ уцӀыху пэт, «Сэ сы-Тхьэщ» жыпӀэурэ, Тхьэр зэрыбгъэпцӀыращ, – къыжраӀэжащ журтхэм.