19 А псалъэхэм щхьэкӀэ журтхэр гуп-гуп зэрыгъэхъуащ аргуэру.
– Мы лӀыр Тхьэм къыбгъэдэкӀакъым, – жаӀащ фарисейхэм ящыщхэм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щэбэт махуэр игъэлъапӀэркъым. – Гуэныхь зыщӀэ лӀы гуэрым мыпхуэдэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр хузэфӀэкӀыну? – жаӀащ зыкъомым. Арати ахэр гуп-гуп зэрыгъэхъуащ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дунейм и цӀыхухэм фахуэдэщ иджыри. Фыгъуэнымрэ зэщыхьэнымрэ фяку щыдэлъкӀэ, мы дунейм и цӀыхухэм фахуэдэкъэ? Адрей цӀыхухэр зэрыщыт хабзэм хуэдэу, фэри фыщыткъэ?
А къалэм дэс цӀыхухэр лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъуащ. Языныкъуэхэр журтхэм, адрейхэр апостолхэм ягухьащ.
Япэрауэ, члисэм фыщызэхуэсмэ, гуп-гупрэ фызэрызэхэкӀыр зэхызох. Зы лъэныкъуэкӀи ар си фӀэщ мэхъу.
– Мы лӀым и пкъыр дигъэшхын зэрылъэкӀынур дауэ? – жаӀэу, журтхэм хуабжьу зэныкъуэкъуу щӀадзащ.