17 Си псэр зыхэзгъэхьэжыну зэрыстыр арщ Адэ лъапӀэм фӀыуэ сыкъыщӀилъагъур.
Сэ си псэр зыми стрихыркъым, сэр-сэру сот. Ар стынуи зыхэзгъэхьэжынуи лъэкӀыныгъэ сиӀэщ. Ар си Адэ къысхуищӀа и унафэщ.
– МэлыхъуэфӀыр сэращ. МэлыхъуэфӀым и псэр мэлхэм папщӀэ ет.
Хьисэ гугъуехь ишэчурэ зэрылӀам щхьэкӀэ, Тхьэм абы щӀыхьышхуэрэ лъытэныгъэшхуэрэ зэрыхуигъэфэщар долъагъу. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ Хьисэ цӀыху псоми я пӀэкӀэ лӀэныгъэр илъагъун папщӀэ, Тхьэм ар зытэлайкӀэ мелыӀычхэм нэхърэ нэхъ цӀыкӀу ищӀащ.
Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщхэмрэ зы журт гуэррэ диным тету зызэрыбгъэкъэбзэжын ӀуэхугъуэмкӀэ зэныкъуэкъуу щӀадзащ.
Щыпкъагъэр фӀыуэ уолъагъу, бзаджагъэр плъагъу хъуркъым. Абы щхьэкӀэ Тхьэуэ уи Тхьэм уи гъусэхэм нэхърэ гуфӀэгъуэм и дагъэр уэ нэхъ къыпщихуащ».