13 А лӀыр щӀыщӀэпхъуэжыр пщӀэкӀэ лажьэурэ, хамэ мэлхэр хъымпӀар ищӀыркъыми, арщ.
Тимофейм фӀэкӀа, и фӀэщу къыфхуэгузавэ нэгъуэщӀ зыри сиӀэкъым.
Иудэ ар щӀыжиӀар тхьэмыщкӀэхэм гущӀэгъу яхуищӀу артэкъым, атӀэ езыр дыгъуакӀуэти, арт. Абы ахъщащхьэр иӀыгъти, абы иралъхьа ахъшэм хэдыгъухьырт.
А цӀыху псоми синэгуэгум и пашэ Сосфен яубыдри, хеящӀэ унэм и бжэӀупэм щакъуащ, ауэ Галлион зыри къыфӀэӀуэхуакъым.
Мэлхэр имейуэ пщӀэкӀэ лажьэр мэлыхъуэ хъуркъым. Дыгъужьыр къакӀуэу илъагъумэ, мэлхэр къегъанэри, ар щӀопхъуэж. Дыгъужьыр къахолъадэри, мэлхэр зэбгреху.
– МэлыхъуэфӀыр сэращ. Адэ лъапӀэм сыкъицӀыхуу, сэри Адэ лъапӀэр зэрысцӀыхум хуэдэу, си мэлхэр соцӀыху, мэлхэми сыкъацӀыху. Сэ си псэр мэлхэм папщӀэ сот.
Гузэвэгъуэ фимыӀэну сыхуейщ. Къэзымышам и нэӀэ Зиусхьэным и Ӏуэхугъуэхэм ятрегъэт – Зиусхьэным игу зэрырихьыным хущӀокъу.
Къэзышам дунейм и Ӏуэхугъуэщ зэрихуэр – фызым игу зэрырихьыным и ужь итщ. Фызымрэ хъыджэбзымрэ я Ӏуэхур зытетыр апхуэдэкъым.