10 ДыгъуакӀуэр къыщӀэкӀуэр дыгъуэн, цӀыхур иукӀын икӀи игъэкӀуэдын щхьэкӀэщ. Сэ сыкъыщӀэкӀуар цӀыхухэм гъащӀэр щызу естыну аращ.
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар кӀуэдыпӀэ ихуа цӀыхухэр къилъыхъуэурэ, мыкӀуэду къригъэлыну аращ.
ЦӀыхухэм гъащӀэ езыт щӀакхъуэу уафэм къехар сэращ. Мы щӀакхъуэм щыщ зышхыр игъащӀэкӀэ псэунущ. Дунейм и цӀыхухэм гъащӀэ яӀэ сщӀын щхьэкӀэ, стыну щӀакхъуэр си пкъыр арщ.
– Си псалъэхэр зэхэзыхыу емыдаӀуэр сэ згъэкъуэншэнукъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дунейм и цӀыхухэр згъэкъуэншэн щхьэкӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ ахэр мыкӀуэду къезгъэлын папщӀэщ.
уафэм къехыу, дунейм и цӀыхухэм гъащӀэ езытыращ Тхьэм и щӀакхъуэр.
Тхьэм дунейм и цӀыхухэр игъэкъуэншэну аракъым езым и Къуэр дунейм къыщӀигъэкӀуар, атӀэ и Къуэм къыпкърыкӀэу дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.
Мы псалъэхэр пэжщ, ахэр ящтэну цӀыху псоми яхуэфащэщ: Гуэныхь зыщӀэхэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, Мэссихь Хьисэ мы дунейм къэкӀуащ. Абыхэм ящыщу япэ итыр сэращ.
Пэж дыдэр вжызоӀэ, чэтым и бжэмкӀэ щӀэмыхьэу, нэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ дэпщейр дыгъуакӀуэщ икӀи хъунщӀакӀуэщ.
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэм я сэбэп зригъэкӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ езым и сэбэп цӀыхухэм яригъэкӀын икӀи цӀыху куэдым щхьэкӀэ и псэр щхьэщэхужу итын папщӀэщ.
Тхьэм пэгъунэгъу хъуну Хьисэ зылъигъэкӀ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын сыт щыгъуи хузэфӀокӀ абы щхьэкӀэ. Хьисэ а цӀыхухэм Тхьэм яхуелъэӀуну игъащӀэкӀэ псэунущи.
апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ ди Зиусхьэну, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и Тепщэныгъэшхуэу мыкӀуэдыжынум фыщӀыхьэну хуит фыхъунущ.
Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхур ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм и мурадыр зэрызэблимыхъунур яригъэлъагъуну хуеяти, къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр зэригъэзэщӀэнур псалъэ быдэкӀэ къахуигъэпэжащ.
– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитхэ! Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и куэбжэр цӀыхухэм я пащхьэм щывгъэбыдэ. Фэ езыхэри а тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэркъым, щӀыхьэну хуейхэри хуит фщӀыркъым.
НэгъуэщӀ цӀыхухэм Ӏуэхухэр ябогъащӀэ, ауэ уэ уи щхьэм ебгъэщӀэжрэ?
– Фысакъ, мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри нэмыплъ евмыт; сэ нывжызоӀэ, мы цӀыкӀухэм я мелыӀыч уафэгурысхэм си Адэу уафэм щыӀэм и нэгур зэпымыууэ ялъагъури.
ЦӀыхухэм Ӏуэхугъуэхэр яригъащӀэурэ, мыпхуэдэу яжриӀащ: – Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэ тхахэм хэткъэ: «Сэ си унэр лъэпкъ псоми тхьэлъэӀупӀэ яхуэхъунущ»? Ауэ фэ ар «хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэм» ещхь фщӀащ.
Иудэ ар щӀыжиӀар тхьэмыщкӀэхэм гущӀэгъу яхуищӀу артэкъым, атӀэ езыр дыгъуакӀуэти, арт. Абы ахъщащхьэр иӀыгъти, абы иралъхьа ахъшэм хэдыгъухьырт.
Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэу тхахэм хэтщ: «Сэ си унэр тхьэлъэӀупӀэу щытынущ», ауэ фэ ар «хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэм» ещхь фощӀ.
Апхуэдэу щыт пэтми, а гъащӀэр фиӀэ хъун щхьэкӀэ, си деж фыкъэкӀуэну фыхуейкъым.
– МэлыхъуэфӀыр сэращ. МэлыхъуэфӀым и псэр мэлхэм папщӀэ ет.
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыху кӀуэдам лъыхъуэурэ, мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.