Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 1:47 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

47 Нафанаил къакӀуэу щилъагъум, абы теухуауэ Хьисэ жиӀащ: – Мис Израил щыщ цӀыху щыпкъэу гъэпцӀагъэ гуэри зыхэмылъыр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 1:47
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Абыхэм я жьэхэм пцӀы зыхэлъ псалъэ къажьэдэкӀакъым. Лажьэ гуэри яӀэкъым.


Сыт щхьэкӀэ, ди Тхьэ, дыхыфӀэбдзэжыпа? Уи хъупӀэм ит мэлым уи губжьыр сыт щхьэкӀэ яхузэщӀэбгъэплъа?


ШыкӀэ пшынэкӀэ щӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным, уэрэд хужыфӀэ бзэпсипщӀ зытелъ пшынэ дыкъуакъуэкӀэ.


А си къуэшхэр израил лъэпкъырщ. Ахэрщ Тхьэм езым и бын ищӀар. Ахэращ Тхьэм и щӀыхьышхуэр зригъэлъэгъуар. Тхьэм езымрэ абыхэмрэ яку зэгурыӀуэныгъэр дилъхьащ. Торэт хабзэр зритари ахэрщ. Езыр зэрагъэлъэпӀэн хуей щӀыкӀэр Тхьэм зригъэлъэгъуари ахэращ. Тхьэм ӀыхьэфӀкӀэ игъэгугъари ахэрщ.


Тхьэм и псалъэхэр имыгъэпэжауэ аркъым абы къикӀыр. Израил лъэпкъым щыщ псори аракъым израил цӀыху пэжу щытхэр.


ЕзымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа журтхэм Хьисэ яжриӀащ: – Си псалъэхэр фигу илъмэ, си гъуэгу пэжу ирикӀуэхэм фащыщщ.


«Гуэныхь лъэпкъ ищӀакъым езым, узыгъэпцӀэн псалъи и жьэм къыжьэдэкӀакъым».


Аращи, бзаджагъэ псори, хьилагъэ псори, бзитӀщхьитӀыгъэри, фыгъуэныгъэри, цӀыхухэм ӀейкӀэ фытепсэлъыхьынри зыхэвн.


Сунэт ипэжыпӀэкӀэ ящӀар дэращ, – дэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм хуэлажьэу, Мэссихь Хьисэ ирипагэу, пкъым епха Ӏуэхухэм ящымыгугъхэр.


– Дэ ди адэр Ибрэхьимщ, – къыжраӀащ журтхэм Хьисэ. – Ибрэхьим фрибыну щытатэмэ, Ибрэхьим и Ӏуэхухэр вгъэзэщӀэнт, – яжриӀащ Хьисэ.


ЦӀыхум теухуауэ зыгуэр зэригъэщӀэн щхьэкӀэ цӀыху гуэр щыхьэт къытехъуэну Хьисэ хуэныкъуэтэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм ягу илъыр езым ищӀэрти.


– КӀуэи, уи щхьэгъусэм къеджи, къэкӀуэж, – жриӀащ Хьисэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ