Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 1:43 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

43 Хьисэ Галилей хэкум кӀуэну триубыдащ етӀуанэ махуэм. Хьисэ Филипп хуэзри, жриӀащ итӀанэ: – Си ужь къиувэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 1:43
19 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Зиусхьэн, – жриӀащ Филипп Хьисэ. – Адэ лъапӀэр дыгъэлъагъуи, ар тхурикъунущ.


АдэкӀэ кӀуэурэ, хьэкътын ахъшэр щыхах унэм деж щысу Маттэ зи цӀэ лӀы гуэр илъэгъуащ Хьисэ. – Си ужь къиувэ, – жриӀащ абы Хьисэ. Маттэ къэтэджри, Хьисэ и ужь иуващ.


Ахэр Галилей хэкум ит Вифсайдэ къалэм щыщ Филипп и деж кӀуэри, елъэӀуащ: – Зи щӀыхь ин, Хьисэ тлъагъуну дыхуейщ.


Тхьэм япэщӀыкӀэ дэ фӀыуэ дызэрилъэгъуам щхьэкӀэ дэ ди гуми фӀылъагъуныгъэ илъщ.


Хьисэ, къаплъэри, цӀыху куэд къыкӀэлъыкӀуэу щилъагъум, и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ Филипп зи цӀэм жриӀащ: – Мы цӀыхухэм едгъэшхын щӀакхъуэ дэнэ къыщытщэхунур?


А сызыщыгугъ Ӏуэхухэм салъэӀэсауэ, е си щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса сыхъуауэ жысӀэркъым. Ауэ а Ӏуэхухэм сазэрылъэӀэсыным сыхущӀокъу, Мэссихь Хьисэ и цӀыхухэм ящыщ сыхъуну къызэрыслъэӀэсам хуэдэу.


А псори къыщыхъуар Вифание жылэращ, Иорданыпсым и адрыщӀу Иуан цӀыхухэр щиумэхъыу щытарщ.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар кӀуэдыпӀэ ихуа цӀыхухэр къилъыхъуэурэ, мыкӀуэду къригъэлыну аращ.


Филипп, Варфоломей, Фомэ, хьэкътын ахъшэр хэзыхыу щыта Маттэ, Алфей и къуэ Екъуб, Фаддей;


– Дэтхэнэми щӀакхъуэ бзыгъэ лъысу къэпщэхун щхьэкӀэ, динар щитӀри мащӀэщ, – жэуап иритыжащ абы Филипп.


Иуан езым и гъуэгу ирикӀуэ лӀитӀ и гъусэу, а щӀыпӀэм деж щытащ етӀуанэ махуэми.


Иуан лъэхъуэщым щӀадзауэ хъыбар щызэхихым, Хьисэ Галилей хэкум кӀуащ.


– ЛӀахэм езыхэм я лӀахэм я хьэдэхэр щӀрыралъхьэж, ауэ уэ си ужь къиувэ, – жриӀащ Хьисэ.


Хьисэ етӀуанэ махуэм къакӀуэу щилъагъум, Иуан жиӀащ: – Мис Тхьэм и къурмэныпхъэ щынэу дунейм и цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятезыхыжыр.


А Филиппыр Индрисрэ Петррэ зыдэс Вифсайдэ къалэм щыщт.


Хьисэ и нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэм ящыщу япэрейр аращ. А нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр Галилей хэкум щыщ Канэ жылэм щигъэлъэгъуащ. И щӀыхьышхуэр къигъэнэхуащ апхуэдэу, и гъуэгу ирикӀуэхэми езымкӀэ фӀэщхъуныгъэу яӀэри нэхъ быдэ хъуащ.


Иуан и гъуэгу ирикӀуэ лӀитӀым абы ар жиӀэу щызэхахым, Хьисэ и ужь иуващ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ