40 Иуан Хьисэ теухуауэ жиӀар зэхэзыхыу, Хьисэ и ужь иува лӀитӀым я зыр Симон Петр и къуэш Индрисщ.
А апостол пщыкӀутӀыр мыхэращ: Япэрауэ ПетркӀэ зэджэ Симоныр; абы и къуэш Индрис; Зеведей и къуитӀу Екъубрэ Иуанрэ;
Къалэм дыхьэжри, ахэр зыщӀэс унэ лъагэм щӀыхьэжащ: Петр, Екъуб, Иуан, Индрис; итӀанэ Филипп, Фомэ, Варфоломей, Маттэ, Алфей и къуэ Екъуб, Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар, Екъуб и къуэ Иудэ сымэ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Симон Петр и къуэш Индрис жиӀащ:
Зэгуэрым, Геннисарет гуэлым и Ӏуфэм Ӏуту, Тхьэм и псалъэхэм едэӀуэн щхьэкӀэ, цӀыху гупышхуэ зэхуэсри, Хьисэ къыжьэхэзэрыхьащ.
– ФыкъакӀуи, флъагъунщ, – яжриӀащ Хьисэ. Ахэр кӀуэщ, зыщыпсэур ялъагъури, а махуэр Хьисэ деж щагъэкӀуащ. Ар сыхьэтыр плӀым дежт.
Хьиси абы и гъуэгу ирикӀуэхэри а хьэгъуэлӀыгъуэм ирагъэблэгъауэ щытащ.
Апхуэдэу щыжиӀэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр, «Зыгуэрым шхын къыхуихьауэ пӀэрэ?» жаӀэу зыр зым еупщӀыжащ.