39 – ФыкъакӀуи, флъагъунщ, – яжриӀащ Хьисэ. Ахэр кӀуэщ, зыщыпсэур ялъагъури, а махуэр Хьисэ деж щагъэкӀуащ. Ар сыхьэтыр плӀым дежт.
Ауэ абыхэм ар ямыгъакӀуэу къагъэувыӀэри, къыжраӀащ: – Махуэр хэкӀуэтащ, пщыхьэщхьэм нэблэгъакӀэщи, ди гъусэу къанэ. Ар щыжаӀэм, Хьисэ арэзы хъури, я гъусэу къэнащ.
Адэ лъапӀэм къызит цӀыху псори си деж къэкӀуэнущ, си деж хэт къакӀуэми, сэ збгъэдэзгъэкӀыжынукъым.
Абы къыхэкӀкӀэ, самарие цӀыхухэр Хьисэ деж къыщыкӀуэм, я деж зыщиӀэжьэну къелъэӀуащ. КъыщелъэӀум, абыхэм я деж махуитӀкӀэ къэнащ.
– Назарет фӀыгъэ зыхэлъ гуэр къыдэкӀын? – къеупщӀащ Нафанаил. – КъакӀуи, еплъ! – жриӀащ абы Филипп.
Мис, бжэм сыӀуту сынытоуӀуэ. Зыгуэрым си макъыр зэхихрэ, бжэр къызэӀуихмэ, сыщӀыхьэнурэ, сэ абы сыдэшхэнущ, езыри сэ къыздэшхэнущ.
Хьисэ къызэплъэкӀри, ахэр езым и ужь иувауэ щилъагъум, яжриӀащ: – Сыт фэ фызыхуейр? – Равви, дэнэ ущыпсэур? – къеупщӀащ ахэр. (Раввим къикӀыр «Дин ЕгъэджакӀуэщ».)
Иуан Хьисэ теухуауэ жиӀар зэхэзыхыу, Хьисэ и ужь иува лӀитӀым я зыр Симон Петр и къуэш Индрисщ.