Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 1:31 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

31 Ар сэ сцӀыхуртэкъым, ауэ сэ цӀыхухэр сыумэхъыну сыкъыщӀэкӀуар израил цӀыхухэм ар хэтми езгъэщӀэн щхьэкӀэщ. Хьисэ щыхьэт техъуэурэ, Иуан жиӀащ итӀанэ:

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 1:31
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Иляс бегъымбарым игу зэрилъам хуэдэу, абыи игу илъу, Иляс лъэкӀыныгъэ зэриӀам хуэдэу лъэкӀыныгъэ иӀэу, Зиусхьэныр къэкӀуэн и пэкӀэ ар къэкӀуэнущ. Адэхэмрэ къуэхэмрэ ягухэр фӀы зэхуищӀыжынущ, Тхьэм емыдаӀуэхэри щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм я гъуэгу тригъэхьэнущ. Зиусхьэным хуэфащэ лъэпкъ хъун щхьэкӀэ, абы Израил лъэпкъыр игъэхьэзырынущ.


Езыр сэ сцӀыхуртэкъым, ауэ цӀыхухэр сыумэхъыну сыкъэзыгъэкӀуам къызжиӀащ: «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къызыхуехауэ, зыщхьэщыт цӀыхур арщ цӀыхухэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀэ зыумэхъынур».


Иуан нэхум щыхьэт техъуэну къэкӀуащ, цӀыху псоми а нэхумкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун щхьэкӀэ.


Гуэныхьу ялэжьамкӀэ заумысыжри, Иордан псым Иуан зыщрагъэумэхъащ абыхэм.


Иуан зи гуэныхьхэм хущӀегъуэжахэр иумэхъыу щытащ, – жиӀащ Паул. – Езым и ужькӀэ къэкӀуэну Мэссихь ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэн зэрыхуейр цӀыхухэм яжриӀащ.


Галилей хэкум къикӀри, абы щыгъуэ Хьисэ Иордан псым и Ӏуфэм къэкӀуащ, Иуан зригъэумэхъын щхьэкӀэ.


Мыращ жыхуэсӀар: «Си ужькӀэ къэкӀуэну лӀыр сэр нэхърэ нэхъ лъапӀэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыкъэхъун и пэкӀэ ар щыӀащ».


– Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр тхьэрыкъуэм хуэдэу уафэм Хьисэ къыхуехауэ къызэрыщхьэщытыр слъэгъуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ