30 Мыращ жыхуэсӀар: «Си ужькӀэ къэкӀуэну лӀыр сэр нэхърэ нэхъ лъапӀэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыкъэхъун и пэкӀэ ар щыӀащ».
Аращ си ужькӀэ къэкӀуэнур. Ар сэр нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. Абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи схуэфащэкъым сэ.
Иуан абы щыхьэт техъуащ. Мыпхуэдэу жиӀащ макъ хэӀэтыкӀакӀэ: – Мыращ жыхуэсӀар: «Си ужькӀэ къэкӀуэнур сэр нэхърэ нэхъ лъапӀэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыкъэхъун и пэкӀэ ар щыӀащ».
– Сэ псымкӀэ фызоумэхъ, ауэ сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ гуэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ, – яжриӀащ Иуан псоми. – Абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи сэ схуэфащэкъым. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фэ фиумэхъынущ.
– Фи гуэныхьхэм фызэрыхущӀегъуэжар нахуэ фшӀын щхьэкӀэ, сэ фызоумэхъ, ауэ си ужькӀэ къэкӀуэнум сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ иӀэнущ. Абы и вакъэзехьэу сыхуэхъунуи схуэфащэкъым сэ. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фиумэхъынущ фэ.
Ар сэ сцӀыхуртэкъым, ауэ сэ цӀыхухэр сыумэхъыну сыкъыщӀэкӀуар израил цӀыхухэм ар хэтми езгъэщӀэн щхьэкӀэщ. Хьисэ щыхьэт техъуэурэ, Иуан жиӀащ итӀанэ:
ЦӀыху куэд къэкӀуащ абы деж. – Иуан зы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщи къигъэлъэгъуакъым, ауэ мы лӀым теухуауэ жиӀа псори пэжщ, – жаӀащ абыхэм.