Иуан 1:29 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр29 Хьисэ етӀуанэ махуэм къакӀуэу щилъагъум, Иуан жиӀащ: – Мис Тхьэм и къурмэныпхъэ щынэу дунейм и цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятезыхыжыр. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Тхьэм и щӀыхьышхуэм и нэхур и Къуэм къыбгъэдэкӀыу къыттопсэ; и Къуэм и щытыкӀэр Тхьэм и щытыкӀэм хуэдабзэщ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ и псалъэмкӀэ щыӀэ псори щегъэӀэ; абы и Къуэм цӀыхухэм ягухэм гуэныхьхэр зэрыригъэкъэбзыкӀыжын гъуэгу къахуигъэпсащ, уафэми дэкӀуеижри, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Тхьэм дыбгъэдишэн щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэм папщӀэ гугъуехь зэ ишэчащ, абыхэм папщӀэ афӀэкӀа имышэчыжыну. Щыпкъагъэ игу илъу, щыпкъагъэ зигу имылъхэм щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ абы. ЦӀыхухэм щалӀым, лӀэн хуей цӀыхут ар. Тхьэм ар лӀахэм къащыхигъэтэджыкӀыжым, мылӀэжын щыт псэуэ щытт.