27 Аращ си ужькӀэ къэкӀуэнур. Ар сэр нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. Абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи схуэфащэкъым сэ.
Мыращ жыхуэсӀар: «Си ужькӀэ къэкӀуэну лӀыр сэр нэхърэ нэхъ лъапӀэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыкъэхъун и пэкӀэ ар щыӀащ».
– Сэ псымкӀэ фызоумэхъ, ауэ сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ гуэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ, – яжриӀащ Иуан псоми. – Абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи сэ схуэфащэкъым. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фэ фиумэхъынущ.
Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэурэ, мыпхуэдэу жиӀэрт: – Сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ гуэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ. Зезгъэзыхыу, абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи схуэфащэкъым сэ.
– Фи гуэныхьхэм фызэрыхущӀегъуэжар нахуэ фшӀын щхьэкӀэ, сэ фызоумэхъ, ауэ си ужькӀэ къэкӀуэнум сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ иӀэнущ. Абы и вакъэзехьэу сыхуэхъунуи схуэфащэкъым сэ. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фиумэхъынущ фэ.
Иуан абы щыхьэт техъуащ. Мыпхуэдэу жиӀащ макъ хэӀэтыкӀакӀэ: – Мыращ жыхуэсӀар: «Си ужькӀэ къэкӀуэнур сэр нэхърэ нэхъ лъапӀэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыкъэхъун и пэкӀэ ар щыӀащ».
Иуан зи гуэныхьхэм хущӀегъуэжахэр иумэхъыу щытащ, – жиӀащ Паул. – Езым и ужькӀэ къэкӀуэну Мэссихь ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэн зэрыхуейр цӀыхухэм яжриӀащ.
уэ «Сэ бей сщӀащ Ибрам» жумыӀэн щхьэкӀэ, ууейм щыщу уеблэмэ Ӏуданэрэ вакъэ лъэпсрэ къэзмыщтэну,
ЦӀыху куэд къэкӀуащ абы деж. – Иуан зы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщи къигъэлъэгъуакъым, ауэ мы лӀым теухуауэ жиӀа псори пэжщ, – жаӀащ абыхэм.
Иуан и лэжьыгъэр щиухкӀэ жиӀэрт: «Сэ хэту сыкъэфлъытэрэ? Фэ фызыпэплъэр сэракъым. Фэ фызыпэплъэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ, абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи сэ схуэфащэкъым».