25 Ахэр Иуан къеупщӀащ: – Мэссихьыр уэрмырамэ, Илясри уэрмырамэ, бегъымбарри уэрмырамэ, сыт цӀыхухэр щӀэбумэхъыр?
– «Мы лӀым и цӀэкӀэ цӀыхухэм зыри евмыгъащӀэ!» жытӀэри, унафэ быдэ фхуэтщӀатэкъэ? Ауэ фэ цӀыхухэм евгъэщӀа Ӏуэхухэр Ерусалим дэз хъуащ. Мы лӀым и лъыр къыттевгъэхуэну фигу илъщ иджы.
Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэу щӀидзащ. ЯригъащӀэ щыхъум, дин пашэшхуэхэмрэ цӀыхухэм я нэхъыжьхэмрэ къыбгъэдыхьэри къыжраӀащ: – Мы Ӏуэхухэр блэжьыну хуитыныгъэ дэнэ къыздипхар? Ахэр блэжьыну тепщэныгъэ хэт уэ къозытар?
Гуэныхьу ялэжьамкӀэ заумысыжри, Иордан псым Иуан зыщрагъэумэхъащ абыхэм.
– Ар Хьисэщ, Галилей хэкум щыщ Назарет къикӀа бегъымбарырщ, – жаӀэрт цӀыхубэм.
А лӀыкӀуэхэр фарисейхэм ящыщт.