24 А лӀыкӀуэхэр фарисейхэм ящыщт.
Хьисэ абдежым щыӀукӀыжым, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ ар щагъэуэну хуейуэ, Ӏуэху гуэрым траубыдэным ещэу, Ӏуэху куэдкӀэ еупщӀурэ, хагъэзыхьу щӀадзащ.
Ахъшэр фӀы дыдэу зылъагъу фарисейхэм а псор щызэхахым, Хьисэ щыдыхьэшхащ.
Ауэ фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ ящӀэн хуейуэ Тхьэм фӀэзахуэр ялэжын ядакъым. Иуан зезыгъэумэхъын зымыдар ахэращ.
Абыхэм сыкъызэрацӀыхурэ куэд щӀащ. Диным и гъуэгум ирикӀуэ цӀыху гупхэм ящыщу, диныр нэхъ ткӀийуэ зезыхьэу фарисей гупкӀэ зэджэм я гъуэгум срикӀуэу зэрыщытамкӀэ ахэр хуейуэ щытмэ, щыхьэт къысхуэхъун ялъэкӀынущ.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ саддукейхэм, «ЛӀахэр къэтэджыжынукъым, мелыӀычи щыӀэкъым, псэи щыӀэкъым», жаӀэ, ауэ, саддукейхэм яхуэмыдэу, а псори зэрыщыӀэр фарисейхэм я фӀэщ мэхъу.
Уэ, фарисей нэф! Фалъэмрэ лагъэмрэ я кӀуэцӀыр гъэкъабзэ япэщӀыкӀэ, я щӀыфэри къабзэ хъунущ итӀанэ.
– Ешайа бегъымбарым «Зиусхьэным и гъуэгур занщӀэ фщӀы, жиӀэурэ губгъуэ нэщӀым джэ макъ гуэр къыщоӀу» жыхуиӀэ макъыр сэращ, – жиӀащ Иуан.
Ахэр Иуан къеупщӀащ: – Мэссихьыр уэрмырамэ, Илясри уэрмырамэ, бегъымбарри уэрмырамэ, сыт цӀыхухэр щӀэбумэхъыр?