23 – Ешайа бегъымбарым «Зиусхьэным и гъуэгур занщӀэ фщӀы, жиӀэурэ губгъуэ нэщӀым джэ макъ гуэр къыщоӀу» жыхуиӀэ макъыр сэращ, – жиӀащ Иуан.
Абы и джэ макъыращ мыпхуэдэу жиӀэурэ губгъуэ нэщӀым къыщыӀур: Зиусхьэным гъуэгур хуэвгъэпси, лъагъуэхэр захуэ хуэфщӀ».
Иуанщ Ешайа бегъымбарым мыр жиӀэу зытепсэлъыхьар: «Губгъуэ нэщӀым джэ макъ къыщоӀу: Зиусхьэным гъуэгур хуэвгъэпси, и лъагъуэхэр захуэ хуэфщӀ».
– «Мэссихьыр сэракъым, ауэ Мэссихьым и пэ къихуэу Тхьэм сыкъигъэкӀуащ» зэрыжысӀамкӀэ фэ фызищыхьэтщ.
– АтӀэ ухэт уэ? – еупщӀащ Иуан. – ДыкъэзыгъэкӀуахэм еттыжыну жэуапыр къыджеӀэ. Сыт уэ уи щхьэм щхьэкӀэ къыджепӀэнур?
А лӀыкӀуэхэр фарисейхэм ящыщт.