19 Иуан Хьисэ щыхьэт зэрытехъуар мыращ; Ерусалим щыщ журтхэм дин пашэхэри левитхэри Иуан еупщӀыну ягъэкӀуащ. – Уэ ухэт? – жаӀэу щеупщӀым,
Хьисэ къаувыхьри, журтхэр къеупщӀащ: – ӀупщӀу къыджумыӀэу, зыкъыдумыгъащӀэу куэдрэ дыпэбгъэплъэну? Мэссихьыр уэрамэ, занщӀэу къыджеӀэ.
Иуан зи гуэныхьхэм хущӀегъуэжахэр иумэхъыу щытащ, – жиӀащ Паул. – Езым и ужькӀэ къэкӀуэну Мэссихь ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэн зэрыхуейр цӀыхухэм яжриӀащ.
Иуан и лэжьыгъэр щиухкӀэ жиӀэрт: «Сэ хэту сыкъэфлъытэрэ? Фэ фызыпэплъэр сэракъым. Фэ фызыпэплъэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ, абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи сэ схуэфащэкъым».
Журтхэм Хьисэ къыжраӀащ абы щыгъуэ: – Мыр пщӀэну хуитыныгъэ зэрыуиӀэм и щыхьэту сыт хуэдэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ дыбгъэлъагъун?
Арати, журтхэм а лӀы хъужам жраӀащ: – Нобэ щэбэт махуэщи, уи алэрыбгъур къэпщтэж хъунукъым хабзэкӀэ.
– Мы лӀым и пкъыр дигъэшхын зэрылъэкӀынур дауэ? – жаӀэу, журтхэм хуабжьу зэныкъуэкъуу щӀадзащ.
Хьисэ «Уафэм къеха щӀакхъуэр сэращ» зэрыжиӀар ягу темыхуэу,
Иуан нэхум щыхьэт техъуэну къэкӀуащ, цӀыху псоми а нэхумкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун щхьэкӀэ.
– Мы тхьэ унэр илъэс плӀыщӀрэ хыкӀэ ящӀащ, – жаӀащ журтхэм, – уэ ар махуищкӀэ зэтебгъэувэжыфынуи?
А лӀыр ежьэжщ, журтхэм я деж кӀуэри, зыгъэхъужар зэры-Хьисэр яжриӀащ.
Апхуэдэ Ӏуэхухэр щэбэт махуэм зэрищӀэм щхьэкӀэ, журтхэм Хьисэ кърахуэкӀыу щӀадзащ, яукӀынуи и ужь къихьащ.
Арати, Хьисэ яукӀыну нэхъри нэхъ ерыщу абы и ужь ихьащ журтхэр. И ужь щӀихьар я хабзэкӀэ мыхъунур щэбэт махуэм зэрищӀам и мызакъуэу, Тхьэм зыхуигъадэурэ, «Тхьэр си Адэщ» зэрыжиӀэм щхьэкӀэт.
Хьисэ Галилей хэкур къызэхикӀухьащ абы и ужькӀэ. ЯукӀыну и ужь журтхэр къитти, Хьисэ Иудей хэкур къызэхикӀухьыну хуейтэкъым.
А махуэшхуэхэм хэт журтхэр Хьисэ лъыхъуэрт, «А лӀыр дэнэ щыӀэ?» жаӀэурэ.
– Мы лӀыр емыджауэ, мыпхуэдиз щӀэныгъэ дэнэ къриха? – ягъэщӀагъуэу жаӀащ журтхэм.
– ЗиукӀыжыну арауэ пӀэрэ «Сэ сыздэкӀуэм фэ фынэкӀуэфынукъым» щӀыжиӀэр? – жаӀащ журтхэм.
– Самарие цӀыхухэм уащыщщ, жин бзаджэм уиӀыгъщ жыдоӀэ. ЖытӀэр пэжкъэ? – къыжраӀащ журтхэм Хьисэ.
Хьисэ ар щыжиӀэм, журтхэм къыпадзыжащ: – Жин бзаджэм узэриӀыгъыр къэтщӀащ иджы. Ибрэхьим лӀащ, бегъымбархэри лӀащ, ауэ уэ «Сэ жысӀэхэр зыгъэзащӀэр игъащӀэкӀэ лӀэжынукъым», жыбоӀэ.
– Илъэс щэ ныкъуэ уи мыныбжьу, Ибрэхьим плъэгъуауэ жыбоӀэ, – къыжраӀащ журтхэм.
Хьисэ ар щажриӀэм, журтхэм ар яукӀын щхьэкӀэ, мывэхэр къащтащ.
Лазар зэрылӀам щхьэкӀэ къахуэгузэвэну, журтхэм ящыщ куэд Марфэрэ Мэриемрэ я деж къэкӀуащ.
Тхьэм и Къуэм къыджиӀа хъыбару фэ къыфхуэтӀуатэр мыращ: Тхьэр нэхущ, абы кӀыфӀыгъэ лъэпкъ хэлъкъым.