18 Тхьэр и нэкӀэ зыми илъэгъуакъым игъащӀэм. Къуэ закъуэу Адэ лъапӀэм деж щыӀэм Тхьэр зыхуэдэр къытхуигъэнэхуащ.
Мэссихь цӀыхухэм ямылъагъу Тхьэм и теплъэр иӀэщ. Аращ Тхьэм къигъэщӀа псоми я щыгум итэу, и КъуэкӀэ зэджэр.
Тхьэм щыщым фӀэкӀа Адэ лъапӀэр зыми илъэгъуакъым. Аращ Адэ лъапӀэр зылъэгъуар.
– Псори си Адэм къысӀэщӀилъхьащ. Къуэ лъапӀэр зыхуэдэр Адэ лъапӀэм фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэр зыхуэдэри Къуэ лъапӀэмрэ Къуэ лъапӀэм ар зригъэщӀэну хуей цӀыхухэмрэ фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм захуигъазэри, жиӀащ итӀанэ: – Псори си Адэм къысӀэщӀилъхьащ. Къуэ лъапӀэр зыхуэдэр Адэ лъапӀэм фӀэкӀа зыми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэр зыхуэдэри Къуэ лъапӀэмрэ Къуэ лъапӀэм ар зригъэщӀэну хуей цӀыхухэмрэ фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым.
Тхьэр зэи зыми нэкӀэ илъэгъуакъым, ауэ фӀыуэ дызэрылъагъумэ, Тхьэр ди псэм хэлъщ икӀи и фӀылъагъуныгъэр нэгъэсауэ ди гум илъщ.
Езы Тхьэ закъуэр арщ мылӀэжынур икӀи узэмыкӀуэлӀэфыну нэхум хэтыр. ЦӀыхухэм ящыщ гуэрми ар и нэкӀэ зыми илъэгъуакъым икӀи илъагъун лъэкӀынукъым. ЩӀыхьышхуэри мыкӀуэдыжын лъэкӀыныгъэшхуэри зейр Тхьэращ. Ӏэмин.
Тхьэм фӀыуэ дызэрилъагъур мыпхуэдэу къытхуигъэнэӀуащ: ГъащӀэ къыдитын щхьэкӀэ, Тхьэм езым и Къуэ закъуэр дунейм къигъэкӀуащ.
Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.
Зыгуэрым, «Тхьэр фӀыуэ солъагъу», жиӀэ пэтми, и къуэшыр жагъуэу илъагъумэ, ар пцӀыупсщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэкӀэ илъэгъуа и къуэшыр фӀыуэ зымылъагъум, нэкӀэ имылъэгъуа Тхьэр фӀыуэ илъагъун лъэкӀынукъым.
Сэ уэ абыхэм уезгъэщӀащ икӀи уезгъэщӀэнущ, уэ къысхууиӀэ фӀылъагъуныгъэр сыт щыгъуи абыхэм ягу илъын, сэри абыхэм я псэм сыщыщын щхьэкӀэ.
Мы дунейм и цӀыхухэм къахэпшэу си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэм уэ уезгъэцӀыхуащ. Ахэр уэ уи цӀыхуу щытащ, сэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьащ, уэ уи псалъэхэри ягъэзэщӀащ.
– Мыпхуэдизрэ сывигъусауэ иджыри къэс сыкъыумыцӀыхуауэ ара, Филипп? – жриӀащ абы Хьисэ. – Сэ сыкъэзылъэгъуам Адэ лъапӀэри илъэгъуащ. «Адэ лъапӀэр дыгъэлъагъу» дауэ къызжепӀэфрэ итӀани?
А Псалъэр цӀыху хъуащ, икӀи къытхэтащ. Абы и щӀыхьышхуэри тлъэгъуащ. Ар Адэ лъапӀэм и Къуэ закъуэм и щӀыхьышхуэр арщ. НэфӀ щыхуэныгъэрэ щыпкъагъэрэ абы игу илъу щытащ.
Хьисэ иӀэ хъуну щӀыхьышхуэр зэрилъэгъуам щхьэкӀэ, Ешайа бегъымбарым а псалъэхэр жиӀащ. Зи гугъу ищӀар Хьисэщ.
ИгъащӀэкӀэ мылӀэжын пащтыхьу, цӀыхухэм ямылъагъуу Тхьэ закъуэм мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэмрэ лъытэныгъэшхуэмрэ ейщ. Ӏэмин.
Хьэджэр фӀищащ Зиусхьэну езым къепсэлъам мы цӀэр: «Уэ у-Ел-Ройщ». Абы къикӀыр: «Сэ сыкъэзылъагъу Тхьэр Уэрщ». Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, Хьэджэр жиӀащ: «Пэж дыдэу, сэ сызылъагъум щыслъэгъуа нэужь сыпсэу пӀэрэ?»
Арати, ӀукӀыжащ Зиусхьэныр, Ибрэхьим къепсэлъэныр щигъэтри; Ибрэхьим къигъэзэжащ езым и щӀыпӀэм.
И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Хьисэ нэхъ и щӀасэр езым къыбгъэдэсу Ӏэнэм пэрыст.
– Пэж дыдэр ныбжызоӀэ, дэ тщӀэращ дызытепсэлъыхьыр, тлъэгъуаращ щыхьэт дызытехъуэри, ауэ щыхъукӀи ди щыхьэтыгъэр фэ вдэркъым.
ШейтӀану мы дунейм и тхьэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я гур нэф ищӀащ. Апхуэдэу щӀищӀар Тхьэм хуэдабзэу щыт Мэссихь и щӀыхьышхуэм теухуа хъыбарыфӀым и нэхуу абыхэм къатепсэр ямылъагъун щхьэкӀэщ.