Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 1:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 Иуан абы щыхьэт техъуащ. Мыпхуэдэу жиӀащ макъ хэӀэтыкӀакӀэ: – Мыращ жыхуэсӀар: «Си ужькӀэ къэкӀуэнур сэр нэхърэ нэхъ лъапӀэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыкъэхъун и пэкӀэ ар щыӀащ».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 1:15
21 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Фи гуэныхьхэм фызэрыхущӀегъуэжар нахуэ фшӀын щхьэкӀэ, сэ фызоумэхъ, ауэ си ужькӀэ къэкӀуэнум сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ иӀэнущ. Абы и вакъэзехьэу сыхуэхъунуи схуэфащэкъым сэ. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фиумэхъынущ фэ.


Си Адэ, дунейр къэхъун и пэкӀэ уи деж сэ щызиӀа щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэр уи деж щызиӀэ щӀы.


– Сэ псымкӀэ фызоумэхъ, ауэ сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ гуэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ, – яжриӀащ Иуан псоми. – Абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи сэ схуэфащэкъым. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фэ фиумэхъынущ.


– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, Ибрэхьим къэхъун и пэкӀэ сэ сыщыӀэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


Смирнэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: Япэрейуэ икӀи Иужьрейуэ, лӀэуэ къэхъужам мы псалъэхэр жеӀэ:


Хьисэ Мэссихь дыгъуасэ зэрыщытам хуэдэу, зызэримыхъуэкӀауэ ноби щытщ, игъащӀэкӀи щытынущ.


Аращ си ужькӀэ къэкӀуэнур. Ар сэр нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. Абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи схуэфащэкъым сэ.


Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэурэ, мыпхуэдэу жиӀэрт: – Сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ гуэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ. Зезгъэзыхыу, абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи схуэфащэкъым сэ.


Плъагъур тхылъым итхи, члисэ зэхуэсиблым яхуегъэхь: Ефес, Смирнэ, Пергам, Фиатирэ, Сардис, Филаделфие, Лаодикие къалэхэм щыӀэ члисэ зэхуэсхэм».


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ