Иуан 1:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр14 А Псалъэр цӀыху хъуащ, икӀи къытхэтащ. Абы и щӀыхьышхуэри тлъэгъуащ. Ар Адэ лъапӀэм и Къуэ закъуэм и щӀыхьышхуэр арщ. НэфӀ щыхуэныгъэрэ щыпкъагъэрэ абы игу илъу щытащ. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.
Тхьэм и щӀыхьышхуэм и нэхур и Къуэм къыбгъэдэкӀыу къыттопсэ; и Къуэм и щытыкӀэр Тхьэм и щытыкӀэм хуэдабзэщ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ и псалъэмкӀэ щыӀэ псори щегъэӀэ; абы и Къуэм цӀыхухэм ягухэм гуэныхьхэр зэрыригъэкъэбзыкӀыжын гъуэгу къахуигъэпсащ, уафэми дэкӀуеижри, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.