ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Галатие хэкум исхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр2 Мы зы закъуэр сывгъэщӀэну сыхуейщ: Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фи гум илъ зэрыхъуар Торэт хабзэм итхэр вгъэзэщӀэным и гъуэгукӀэ, е зэхэфха хъыбарыфӀымкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэным и гъуэгукӀэ? အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Зыгуэр фи деж къакӀуэу, Хьисэ теухуауэ хъыбару дэ фэдгъэщӀам нэмыщӀ, нэгъуэщӀ хъыбар фигъащӀэмэ, фи гуапэу ар фигу тывогъахуэ. Е Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъ дгъэхъуам нэмыщӀ псэ гуэр фи гум илъ игъэхъумэ, ари фи гуапэу фигу тывогъахуэ. Е фи фӀэщ хъуа хъыбарыфӀым фӀэкӀа, нэгъуэщӀ хъыбарыфӀу жыхуиӀэр зыгуэрым фигъащӀэмэ, ари фи гуапэу фигу тывогъахуэ.