Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Галатие хэкум исхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къуэш нэпцӀ гуэрхэу ди къуэшхэм захэзыгъэзэрыхьахэр арат зыхуеяр. Мэссихь Хьисэ ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, диӀэ щхьэхуитыныгъэм еплъакӀуэу, Торэт хабзэм и бжьым дыщӀагъэувэжыну и ужь итт ахэр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Галатие хэкум исхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:4
29 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху гуэрхэм фымыщӀэххэу зыкъыфхагъэзэрыхьащ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуэншэнур и псалъэ тхахэм куэд щӀауэ хэтщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ абыхэм я гум илъкъым. Ди Тхьэм и нэфӀ цӀыхухэм къазэрыщыхуэм и хъыбарыр къагъэсэбэп абыхэм, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратын щхьэкӀэ. Ди пашэ икӀи ди Зиусхьэн закъуэ Хьисэ Мэссихьыр ягукӀэ ящтэркъым.


Аращи, Мэссихь къывита щхьэхуитыныгъэм быдэу фытет, пщылӀыгъэм и бжьыр цӀыхухэм аргуэру зытревмыгъэлъхьэж.


Апхуэдэу, Тхьэм и ӀуэхухэмкӀэ дэри цӀыкӀуу дыщыщытам, мы дунейм теухуауэ цӀыхухэм яӀэ къызэрыгуэкӀ еплъыкӀхэм драпщылӀащ.


Гъуэгум куэдрэ сытетащ. Псыхэм сащызэпрыкӀым, шынагъуэм сыхэтащ, хъунщӀакӀуэхэми сахуэзэу, си лъэпкъ щыщхэми сащӀыгъуу, хамэ лъэпкъ щыщхэми сащӀыгъуу, шынагъуэм сыхэтащ; къалэхэми сыдэсу, губгъуэ нэщӀхэми ситу, хыми сытету шынагъуэм сыхэхуащ; къуэш нэпцӀхэми сахэту, шынагъуэм сыхуэхуащ.


ФӀыуэ слъагъухэ, «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр си гум илъщ», жызыӀэ дэтхэнэри фи фӀэщ фымыщӀ, ауэ и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арамэ, вгъэунэху, бегъымбар нэпцӀ Ӏэджэ дунейм къытехьащи.


Щхьэхуитыныгъэу жыхуаӀэмкӀэ ягъэгугъэ, ауэ езыхэр кӀуэдыныгъэм и пщылӀщ, сыт хуэдэу щытми, тепщэныгъэ къыпхузиӀэм и пщылӀ ухъуащи.


А цӀыхухэм ящыщхэр унэхэм яфӀыщӀопщхьэ, зи гуэныхьхэм текӀуадэ цӀыхубзу хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэм зыкърезыгъэшэкӀхэр дахьэх.


Зиусхьэныр ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Ӏуэхухэр сэ зэрызэхэсщӀыкӀым хуэдэу, фэри зэхэфщӀыкӀынкӀэ сыфщогугъ. Хэтуи щрет, фызыгъэгулэзым и къуаншагъэм пэкӀур игъуэтыжынущ.


Зыгуэрым фигъэпщылӀми, е вгъэшхэну фыхигъэзыхьми, е фихъунщӀэми, е фи пащхьэм зыщигъэпагэми, е фи нэкӀум къеуэми, ари фигу тывогъахуэ.


Апхуэдэ цӀыхухэр апостол нэпцӀхэщ, лэжьакӀуэ гъэпцӀакӀуэхэщ. Мэссихь и апостол хуэдэу, загъэӀу къудейщ.


Зиусхьэныр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арщ, ар здэщыӀэми щхьэхуитыныгъэри щыӀэщ.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ фэри къыфхэкӀынущ гъуэгу пхэнжым фытрагъэхьэн щхьэкӀэ, щыпкъагъэр зэхъуэкӀыным хэтхэр.


ЦӀыху гуэрхэр дэ къытхэкӀри, „Сунэт фащӀын хуейщ икӀи Мусэ и Торэт хабзэм итхэм федэӀуэн хуейщ“, жаӀэурэ, я псалъэхэмкӀэ фызэӀащӀауэ икӀи фагъэгузэвауэ дэ зэхэтхащ, ауэ ахэр дэ нэдгъэкӀуакъым.


ЛӀы гуэрхэр Иудей хэкум къикӀщ, Антиохие къакӀуэри, къуэшхэм мыпхуэдэ жраӀэу щӀадзащ: – Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм сунэт фащӀын хуейуэ къегъэув, сунэт фамыщӀмэ, Тхьэм фымыкӀуэду фыкъригъэлынукъым.


Фи щхьэ фыхуиту фыпсэу, ауэ бзаджэ щӀэнымкӀэ щхьэхуитыныгъэр къэвмыгъэсэбэп, Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм яхуэфащэу фыпсэу.


Хьэджэр Аравие хэкум щыӀэ Синай бгым хуэбгъэдэн плъэкӀынущ. А цӀыхубзыр иджырей Ерусалими хуэдэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ерусалимрэ абы дэс цӀыхухэмрэ пщылӀыпӀэм итщ.


Иджы жысӀэр Зиусхьэныракъым жызэзыгъыӀэр. Сытегушхуэрэ сызыщытхъужмэ, зэхэщӀыкӀ зимыӀэм хуэдэу сопсалъэ.


Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гум кърилъхьам фигъэпщылӀу икӀи фигъэшынэу щыткъым. Ауэ Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гум кърилъхьам Тхьэм и бын хуэдэу фелъытэ. Езым и Псэ ЛъапӀэм, «Аббэ, Адэ лъапӀэ», жытӀэу, Тхьэм дрегъаджэ.


НэгъуэщӀ хъыбарыфӀ* щыӀэкъым. ЦӀыху гуэрхэм фи щхьэхэр зэӀагъэхьэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀри зэрахъуэкӀыну хуейщ.


ИщӀэ псомкӀэ гъуэгу махуэ теува цӀыхур мыращ: Тхьэм и унафэм фӀыуэ хэплъэ зэпыту икӀи зэдэӀуа Ӏуэхухэр щымыгъупщэжу зыгъэзащӀэрщ. Тхьэм и унафэр щыщӀагъэншэу икӀи нэгъэсауэ щытщи, цӀыхухэм щхьэхуитыныгъэ ирет.


ФадэщӀэр фэндыщӀэхэм ирагъэхъуэн хуейщ. ТӀури къызэтенэнущ абы щыгъуэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ